Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 12:33 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

33 Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

33 Фи мылъкур фщэжи, къыщӀэкӀар къулейсызхэм яхуэвгуэш. Жьы мыхъун бохъшэ зыӀэрывгъэхьэ, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт, абы дыгъу дэкӀуеифынукъым, хъуным зыри щыхуэшхынукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 12:33
14 Iomraidhean Croise  

– Уи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ухъуну ухуеймэ, кӀуэ, уи мылъкур щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш, – жриӀащ Хьисэ. – Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.


Фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я кӀуэцӀым илъыр тхьэмыщкӀэхэм ефти, псори къабзэ хъунущ фэркӀэ.


– Зи щхьэм мылъкушхуэ хузэхуэзыхьэсу, Тхьэм дежкӀэ мылъкушхуэ зимыӀэм аращ къыщыщӀынур.


ИкӀи сэ нывжызоӀэ, дунейм щывиӀэ мылъкумкӀэ ныбжьэгъухэр зэвгъэгъуэт, а мылъкур фуха нэужь, мыкӀуэдыжын псэупӀэм абыхэм фрагъэблэгъэн щхьэкӀэ.


Ар щызэхихым, Хьисэ абы жриӀащ: – Иджыри зы уи щыщӀагъэщ. УиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.


Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.


Я мылъкухэмрэ я хьэпшыпхэмрэ ящэри, къыщӀэкӀар щхьэж зэрыхуэныкъуэ елъытауэ ягуэшащ.


Гузэвэгъуэ хэтурэ, я щыпкъагъэр икъукӀэ гъэунэхуа щыхъум, тхьэмыщкӀэ дыдэу щытахэри, гуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, я мылъкуми щымысхьу, къуэшхэм ядэӀэпыкъуащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan