29 Фэри фшхынумрэ фызэфэнумрэ я ужь фимыт икӀи абыхэм фримыгумэщӀ.
29 Фшхынымрэ фызэфэнымрэ щхьэкӀэ фымыгузавэ икӀи фемылӀалӀэ.
Аращи, «Сыт дэ тшхыну?», е «Сыт дефэну?», е «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фымыгузавэ.
– Аращи, нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм, – «Сыт тшхыну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фи Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ.
Апхуэдэ мащӀэ тӀэкӀур щыфхузэфӀэмыкӀкӀэ, адрей къэна псом щхьэкӀэ сыт фыщӀэгузавэр?
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псори аращ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. Фэ абы фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ищӀэркъэ?
– Бохъши хъуржыни фымыӀыгъыу, вакъи флъымыгъыу фыщыдэзгъэкӀым, зыгуэрым фыхуэныкъуа? – яжриӀащ Хьисэ. – Хьэуэ, зыми дыхуэныкъуакъым, – жаӀащ абыхэм.