Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 12:28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

28 Нобэ губгъуэм щыгъагъэу, пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэу фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

28 АтӀэ нобэ гъагъэ пэтми, пщэдей хьэкум ирадзэну удзыр Тхьэм апхуэдизу щихуапэкӀэ, фэ абыхэм нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыфӀу фихуэпэнукъэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэ?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 12:28
10 Iomraidhean Croise  

Петр ар щыжиӀэм, Хьисэ и Ӏэр хуишийщ, ар иубыдри жриӀащ: – Уэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэ, дзыхь щхьэ къысхуумыщӀырэ?


Абыхэм жаӀэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – ФӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэ, щӀакхъуэ зэрывимыӀэм фыщӀытепсэлъыхьыр сыт?


– Е-ей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэу къуаншагъэ зылэжь иджырей цӀыхухэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.


– Фэ фи фӀэщхъуныгъэр мащӀэти, аращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Пэжыр нывжызоӀэ, хъардэл хьэдзэм хуэдиз фӀэкӀ мыхъу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, мы Ӏуащхьэм «ӀукӀи, модэ кӀуэ!» жефӀэмэ, ӀукӀынурэ кӀуэнущ. ФхузэфӀэмыкӀыну зы Ӏуэхуи щыӀэнукъым итӀанэ.


Губгъуэм нобэ щыгъагъэу пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэкӀэ фэ фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зимащӀэхэр?


– Сыт апхуэдизу фыщӀэшынэр фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. ИтӀанэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми псыми егийри, дунейр щым дыдэ хъужащ.


Абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ? – Хэт мыр? Жьыми псыми унафэ яхуещӀри, егъэдаӀуэ, – шынэрэ ягъэщӀагъуэу зэупщӀэжащ ахэр.


Уэшх куэдрэ зытешхэ щӀым, абы телэжьыхь цӀыхухэмкӀэ зи фӀагъ къыхэкӀ гъавэ къызыщыкӀым, Тхьэм и нэфӀ къыщохуэ.


Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ЦӀыху псори удзым хуэдэщ, я щӀыхь псори удз гъэгъам хуэдэщ. Удзыр мэгъуж, гъэгъари мэкӀуэдыж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan