Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 12:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 Апхуэдэ мащӀэ тӀэкӀур щыфхузэфӀэмыкӀкӀэ, адрей къэна псом щхьэкӀэ сыт фыщӀэгузавэр?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

26 АтӀэ а мащӀэ тӀэкӀур щыфхузэфӀэмыкӀкӀэ, нэгъуэщӀым сыт фыщӀытегузэвыхьыр?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 12:26
7 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэну си Тхьэ, уи Ӏуэху гъэщӀэгъуэнхэри, дэркӀэ уи гухэлъхэри бэщ; хэт хъун Уэр хуэдэ! Абыхэм я хъыбар цӀыхухэм яхуэсӀуэтэн сфӀэигъуэщ, ауэ гъунэншэщ я бжыгъэр.


– Аращи, нывжызоӀэ, «Сыт тшхыну, сыт дефэну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ. Шхыным нэхърэ гъащӀэр нэхъ лъапӀэкъэ, щыгъыным нэхърэ Ӏэпкълъэпкъыр нэхъ лъапӀэкъэ?


ЩӀэкъу пэтми, хэт фэ фщыщу, зы Ӏэбжьэ нэхъ мыхъуми, и кӀыхьагъым хигъэхъуэн зылъэкӀынур?


– Удз гъагъэхэм къызэрыкӀым феплъыт: Ахэр лажьэркъым, цыи яджыркъым, ауэ сэ нывжызоӀэ, ягъэлеяуэ зызыгъэщӀэращӀэу щыта езы Сэлмэн пащтыхь дыдэри абыхэм ящыщ зым ещхьу хуэпауэ щытакъым.


Фэри фшхынумрэ фызэфэнумрэ я ужь фимыт икӀи абыхэм фримыгумэщӀ.


Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлӀэ, абы и нэӀэ къыфтригъэтщи.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan