Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 12:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 – Зи щхьэм мылъкушхуэ хузэхуэзыхьэсу, Тхьэм дежкӀэ мылъкушхуэ зимыӀэм аращ къыщыщӀынур.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

21 Тхьэм и гур хэзыгъахъуэ ӀуэхухэмкӀэ къулей зимыщӀу, зи щхьэр къулей зыщӀыж дэтхэнэми аращ къыщыщӀынур, – къыщӀигъуащ Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 12:21
14 Iomraidhean Croise  

Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым.


Апхуэдэу щыщыткӀэ, дуней мылъкур зефхьэну узыщыгугъ хъун цӀыхуу фыщымытамэ, мылъку пэжыр фэ фи ӀэмыщӀэ хэтыт къизылъхьэнур?


– фэ, бейхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, фигухэр зыгъэзагъэ Ӏуэхугъуэхэр вгъуэтакӀэщи,


Уэ уи ерыщыгъэкӀи уигукӀэ уи гуэныхьхэм узэрахущӀемыгъуэжым щхьэкӀи Тхьэм и губжьымрэ и хьэкум захуэмрэ къыщылъэгъуэну махуэм деж Тхьэм губжьу къыптрилъхьэнум хыбогъахъуэ.


дигу хагъэщӀ, ауэ сыт щыгъуи догуфӀэ; дэ дытхьэмыщкӀэщ, ауэ цӀыху куэд бей дощӀ; зыри димыӀэу къащохъу, ауэ псори ди Ӏэ илъщ.


Ауэ бей хъуну хуейхэр гуэныхь щӀэным дезыгъэхьэх Ӏуэхум хохуэри, шейтӀаным Ӏэрохуэ. ПщӀэ зимыӀэ, зи ягъэ къэкӀуэ хъуэпсэныгъэу, цӀыхухэр зыгъэунэхъуу, кӀуэдыпӀэм хуэзышэхэм яубыд ахэр.


Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.


Гузэвэгъуэу фызыхэтымрэ фи тхьэмыщкӀагъэмрэ сощӀэ, апхуэдэу щытми фыбейщ. ЖурткӀэ зэджэж мыжуртхэр ӀейкӀэ къызэрыфтепсэлъыхьыр сощӀэ. Ахэр журткъым, атӀэ шейтӀаным и зэхуэсым щыщщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan