Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 12:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 СигукӀэ жысӀэнщ итӀанэ: Илъэс куэдкӀэ схурикъун фӀыгъуэ Ӏэджи сиӀэщ. Зыгъэпсэху, шхэ, ефэ, зыгъэтхъэж».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

19 ИтӀанэ сигукӀэ жысӀэнщ: Илъэс ӀэджэкӀэ узрикъун хъугъуэфӀыгъуэ уиӀэщ. Зыгъэпсэху, ефэ, ешхэ, уи нэгу зегъэужь».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 12:19
39 Iomraidhean Croise  

ДыгъуакӀуэр щыплъагъукӀэ, угуохьэ, куэпэчхэми уащӀыгъущ.


Сэ си псэм къещэхэр ирекӀуэ хьэдрыхэ.


– ИтӀанэ жиӀащ: «Мыращ сщӀэнур: си гуэнхэр къезгъэгъэуэнщ, нэхъ гуэн ин езгъэщӀынщи, си гъавэ псори си мылъкури ярыслъхьэнщ.


– ЛӀы бей гуэр щыӀащ. Щыгъыным я нэхъ лъапӀэмкӀэ зихуапэрт абы, махуэ къэси ефэ-ешхэшхуэ ищӀырт.


– Ефэ-ешхэнымкӀи, удэфэнымкӀи, мы дунейм и гугъуехьхэмкӀи фи щхьэр зэрызэӀывмыгъэхьэнми фыхуэсакъ. Ар мыхъумэ, а махуэр фымыщӀэххэу къыфепсыхэнущ.


ЦӀыхухэм я гупсысэкӀэм тету сегупсысу щытатэмэ, Ефес къалэм сыщыӀэу, хьэкӀэкхъуэкӀэ хуэдэ цӀыхухэм сащебэным, сыт абы и фӀагъыу къыхэкӀыну щытар? Тхьэм лӀахэр къимыгъэтэджыжыну щытмэ, «Дывгъашхэ, девгъафэ, сыту жыпӀэмэ пщэдей дылӀэнущ».


А цӀыхухэм къалъысыну кӀэухыр кӀуэдыныгъэр арщ. Я тхьэр я ныбэр арщ, зэрыпагэ Ӏуэхухэр укӀытапӀэрщ. Мы дунейм и Ӏуэхухэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀхэм егупсысхэркъым.


Ауэ зызэригъэтхъэжыным фӀэкӀа зыми емыгупсыс фызабэр, псэуми, лӀам хуэдэщ.


Мы дунейм бей щыхъуахэм закъыфӀэмыщӀыжыну, мылъку нэпцӀым щымыгугъыну, атӀэ Тхьэм нэхъ щыгугъыну унафэ яхуэщӀ. Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ.


уащыгугъ хъужынукъым абыхэм, щхьэпсынщӀагъэкӀэ псэунущ, я пэр драгъэзеинущ; Тхьэр фӀыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ;


Ахъшэ куэд зытевгъэкӀуадэурэ зывгъэтхъэжу мы дунейм фыщыпсэуащ. Былым гъашхэм хуэдэу, фэ фыщыфӀагъэжыну махуэм щхьэкӀэ гуэныхь щӀэнкӀэ зывгъэнщӀащ.


Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм я псэукӀэм хуэдэу, фэри пасэрей зэманым фызэрыпсэууэ щытар куэдкъэ? МыхъумыщӀэ псэукӀэм зефтурэ фыпсэуащ, хъуэпсэныгъэ фӀейхэм фыкърашэкӀыу щытащ, удэфэнми ефэ-ешхэми щхьэрутӀыпщу фыхэтащ. Тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным фыхэтащ.


ЩӀыхьышхуэрэ беягъэшхуэрэ езым зэрызыхуигъэфэщам хуэдэу, гугъуехь шэчыныгъэрэ гукъеуэрэ евгъэгъуэтыж. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ игукӀэ мыпхуэдэу жеӀэ: „Сэ пащтыхь цӀыхубзу мыбдеж сыщысщ. Сэ сыфызабэкъым икӀи сыщыгъуэну зэи къысхуихуэнукъым“.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan