Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 11:49 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

49 Абы къыхэкӀкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ жиӀащ: «Бегъымбархэри апостолхэри абыхэм яхуэзгъэкӀуэнущ. Абыхэм ящыщ зы гуп къаукӀынущ, адрей гупри гугъу ирагъэхьэнущ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

49 Мис аращ Тхьэ Ӏущым мыпхуэдэу къыщӀыжиӀар: «Си бегъымбархэри си лӀыкӀуэхэри абыхэм я деж згъэкӀуэнущ. Ауэ языныкъуэхэр яукӀынущ, адрейхэр гугъу ирагъэхьынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 11:49
27 Iomraidhean Croise  

Адрейхэм пащтыхьым и унэӀутхэр яубыдщ, лей кърахри къаукӀащ.


Апхуэдэу щыщыткӀэ, фи адэжьхэм ящӀа бзэджагъэхэр фэри зэрадэфщтэм щыхьэт фыхуохъу; ахэр фи адэжьхэм яукӀыгъащ, фэ абыхэм сынхэр яхувогъэув.


Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.


Синэгуэгухэми фыкъыщӀахунущ. Уеблэмэ фэ фызыукӀ дэтхэнэми Тхьэм абыкӀэ хуэлажьэу щигугъэну махуэр къэсынущ.


– Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыщыфхуехкӀэ, лъэкӀыныгъэ фиӀэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкӀэ дунейм и кӀэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ.


А махуэхэм бегъымбар гуп Ерусалим къикӀри Антиохием къэкӀуащ.


Уэ уи щыхьэту къэува Стефан и лъыр щагъажэм, сэ абдежым сыщытащ. Ар абыхэм зэраукӀыр яхуэздащ икӀи зыукӀахэм я щыгъынхэр яхуэсхъумащ».


Ар щызэхахым, абыхэм я тхьэкӀумэхэр ӀуапӀэри, зэрыгъэкӀийурэ къебгъэрыкӀуащ.


Щаул члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкӀуэдыну хэтт. Зы унэм щӀэкӀмэ, адрей унэм щӀыхьэурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухъухэри цӀыхубзхэри езым и цӀыхухэм лъэщыгъэкӀэ иригъэубыдурэ лъэхъуэщым щӀригъадзэрт.


Ауэ дэркӀэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэмкӀэ, журтми алыджми, Мэссихьщ Тхьэм и къарури и акъылыфӀагъэри.


Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.


Мэссихь цӀыхухэм тыгъэхэр зэраритар мыращ: цӀыху гуэрхэр апостолу игъэуващ, нэгъуэщӀхэри бегъымбару игъэуващ, адрейхэми езым теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм хуаӀуэтэну игъэуващ, итӀанэ нэгъуэщӀ гуэрхэри дин пашэу икӀи дин егъэджакӀуэу игъэуващ.


Уасэшхуэ зиӀэ акъылыфӀагъэ псори щӀэныгъэшхуэ псори Мэссихь хэлъщ.


сыту жыпӀэмэ цӀыху Ӏейхэм уэ уи цӀыху лъапӀэхэмрэ уи бегъымбархэмрэ я лъыр зэрагъэжам папщӀэ, лъы ебгъэфащ. Ар абыхэм яхуэфащэщ».


А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ, бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм иригъэпшыныжащи».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan