Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 11:42 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

42 – Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, фарисейхэр! ХадэхэкӀ нэхъ пудхэм ящыщу пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ фот, ауэ захуагъэмрэ Тхьэр фӀыуэ флъагъунымрэ фыбгъэдокӀ. Аращ фызытекӀ мыхъунур, адрей фи фарзхэр зыщывмыгъэгупщэу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

42 Ауэ фэ, фарисейхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ! Фи хадэм къытекӀ шхынхэлъхьэ удзхэри къэвмыгъанэу я Ӏыхьэ пщӀанэр Тхьэм и Унэм фохь, ауэ захуагъэмрэ Тхьэм хувиӀэн хуей фӀылъагъуныгъэмрэ гулъытэншэу къэвгъэнащ. Захуагъэрэ фӀылъагъуныгъэрэ зыхэлъ Ӏуэхухэрат япэрауэ влэжьын хуейр, Ӏыхьэ пщӀанэри тын зэрыхуейр зыщывмыгъэгъупщэу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 11:42
22 Iomraidhean Croise  

– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! ХадэхэкӀ нэхъ пудхэм ящыщу пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ фот, ауэ нэхъ вгъэзэщӀапхъэу Торэт хабзэм зи гугъу ищӀ захуагъэм, гущӀэгъу пхэлъыным, Тхьэм хуэщыпкъэным фыбгъэдокӀ. Ахэращ фызытекӀ мыхъунур, адрей фи фарзэхэр зыщывмыгъэгъупщэу.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Хужьу яла кхъэ мащэхэм фахуэдэщ фэ. Ахэр дахэу къолъагъуэ, арщхьэкӀэ я кӀуэцӀыр хьэдэ къупщхьэрэ фӀей зэмылӀэужьыгъуэкӀэ кудащ.


Сэ тхьэмахуэ къэс махуитӀ сонэщӀ, къысхэхъуэм и пщӀанэр Тхьэм щхьэкӀэ сот».


Сэ фэ фызоцӀыху: Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр фигу илъкъым.


Зыгуэрым, «Тхьэр фӀыуэ солъагъу», жиӀэ пэтми, и къуэшыр жагъуэу илъагъумэ, ар пцӀыупсщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэкӀэ илъэгъуа и къуэшыр фӀыуэ зымылъагъум, нэкӀэ имылъэгъуа Тхьэр фӀыуэ илъагъун лъэкӀынукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan