Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 11:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 Фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я кӀуэцӀым илъыр тхьэмыщкӀэхэм ефти, псори къабзэ хъунущ фэркӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

41 Фи кхъуэщынхэм, фи фалъэхэм ярылъыр псапэу вгуэши, фиӀэ псори къабзэ хъунущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 11:41
37 Iomraidhean Croise  

фыз мылъхуэр анэ хъуауэ, сабийм ящыгуфӀыкӀыу, унэм ирегъэтӀысхьэж. Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ!


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корэх и къуэхэм я уэрэд


ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, ауэ сэ игъащӀэкӀэ сыфхэтынукъым.


ЗыгуэркӀэ къолъэӀум ет икӀи щӀыхуэ пӀызыхыну хуейм уи щӀыб хуумыгъазэ.


ЦӀыхум ишх ерыскъыр и гум ихьэркъым, и ныбэрщ зэрыхьэр, ар пкъым къыхокӀыж итӀанэ. (А псалъэхэмкӀэ Хьисэ дэтхэнэ ерыскъыри хьэлэлу къилъытащ.)


Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым.


ИкӀи сэ нывжызоӀэ, дунейм щывиӀэ мылъкумкӀэ ныбжьэгъухэр зэвгъэгъуэт, а мылъкур фуха нэужь, мыкӀуэдыжын псэупӀэм абыхэм фрагъэблэгъэн щхьэкӀэ.


Ар щызэхихым, Хьисэ абы жриӀащ: – Иджыри зы уи щыщӀагъэщ. УиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.


Закхей къэтэджри, Зиусхьэн Хьисэ къыжриӀащ: – Зиусхьэн! Мис, си мылъкум и ныкъуэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэзгуэшынущ. ЦӀыху гуэр къэзгъэпцӀаӀамэ, хуэдиплӀ естыжынущ.


А макъым Петр къыжриӀащ етӀуанэу: – Тхьэм хьэлэлу икӀи шхыпхъэу жыхуиӀар уэ хьэрэму умылъытэ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, щхьэж зэрылъэкӀкӀэ, Иудей хэкум ис къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун мурад ящӀащ абы щыгъуэ.


– Илъэс куэдкӀэ Ерусалим сыщымыӀауэ, си лъэпкъым псапэ тыхь хуэсхьыну икӀи къурмэн сщӀыну аргуэру сыкъэкӀуащ.


ЦӀыхур тэным хуэхьэзырмэ, итынур иӀэм елъытащ, имыӀэм елъытакъым Тхьэм а тыгъэр къабыл зэрищӀыр.


ДыгъуакӀуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ӀэхэмкӀэ фӀы ирырелэжь, щыщӀагъэ зиӀэхэм ядигуэшын иӀэн щхьэкӀэ.


Зигу къабзэ цӀыхухэм я дежкӀэ псори къабзэ мэхъу, ауэ зигу мыкъабзэ цӀыхухэм я дежкӀи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я дежкӀи къабзэ зыри щыӀэкъым. Я акъылри ныкъуэщ. Ягухэми ери фӀыри зэхагъэкӀыфыркъым.


ФӀы фщӀэнри зыщывмыгъэгъупщэ, фиӀэр нэгъуэщӀ цӀыхухэм ядэвгуэшынри зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэ къурмэныпхъэхэр Тхьэм и гуапэщи.


Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.


Къабзэу икӀи щыщӀэгъэнщэу Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ухуэлэжьэныр мыращ: Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэӀэпыкъуныр, мы дунейм щызекӀуэ бзаджагъэм мысэ уимыщӀу пэӀэщӀэ зыпщӀыныр арщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan