Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 11:39 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

39 – Фэ, фарисейхэм, фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я щӀыфэр фогъэкъабзэ, – жриӀащ Зиусхьэным абы, – ауэ нэпсеягъэрэ бзаджагъэрэ фӀэкӀа, зыри фкӀуэцӀылъкъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

39 – Фэ, фарисейхэм, фи кхъуэщынхэм, фи фалъэхэм я ӀуплъапӀэр вгъэкъабзэ щхьэкӀэ, фи кӀуэцӀыр нэпсеягъэрэ бзаджагъэкӀэ гъэнщӀауэ щытщ, – жиӀащ Зиусхьэным.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 11:39
26 Iomraidhean Croise  

Къилъэгъуащ Зиусхьэным щӀылъэм тет цӀыхухэм я бзаджагъэр зэрыин дыдэр; абыхэм я гум илъхэри я мурадхэри сыт щыгъуэ зэманми зэрыӀейр.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гум къикӀыр мыращ: Гупсысэ бзаджэхэр, цӀыху укӀыныр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыхухэм пцӀы ятелъхьэныр, яхуэпсэлъэныр.


– Бегъымбар нэпцӀхэм фахуэсакъ. Абыхэм мэл Ӏэсафэ зытрагъауэ, ауэ ягукӀэ дыгъужь хъунщӀакӀуэхэм хуэдэу фи деж къокӀуэ.


Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Фэ цӀыхухэм я пащхьэм щыпкъагъэ фигу илъ хуэдэу фэ зыщытывогъауэ, ауэ фэ фи гум илъыр Тхьэм ещӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр Тхьэм дежкӀэ пуд дыдэщ.


Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!


Иуан абыхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, Хьисэ деж игъэкӀуащ: – Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей? – жаӀэу еупщӀын щхьэкӀэ.


Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.


Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну.


Ананий, – жиӀащ Петр, – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм пцӀы хуэбупсынуи, щӀым и уасэм щыщ уи щхьэм хухэпхынуи шейтӀаным уи гум кърилъхьэнкӀэ дауэ хъуа?


Сэ си лъэпкъым щыщу, си ныбжьэгъу куэдым я пэ ситащ журт диным сызэрыхэтамкӀэ. Ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм си фӀэщу сахэтт.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр ядэнукъым. Апхуэдэ цӀыхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ.


Зигу къабзэ цӀыхухэм я дежкӀэ псори къабзэ мэхъу, ауэ зигу мыкъабзэ цӀыхухэм я дежкӀи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я дежкӀи къабзэ зыри щыӀэкъым. Я акъылри ныкъуэщ. Ягухэми ери фӀыри зэхагъэкӀыфыркъым.


Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщӀи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищӀынущ. Фи Ӏэхэр вгъэкъабзэ, фэ, гуэныхь зыщӀэхэм, фигухэр вгъэкъабзэ, фэ, теубыдагъэ зимыӀэу гупсысэ дыкъуакъуэ зиӀэхэм.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan