35 Аращи, нэхуу пхэлъыр кӀыфӀ зэрымыхъуным хуэсакъ.
35 Уэ пхэлъ нэхур кӀыфӀыгъэ зэрымыхъуным хуэсакъ.
– Пкъым и уэздыгъэр нэращ. Аращи, уи нэр сэкъатыншэмэ, уипкъ псори нэхунущ.
Пкъым и уэздыгъэр нэращ. Аращи, уи нэр сэкъатыншэмэ, уипкъ псори нэхунущ. Уи нэр мыщӀагъуэмэ, уипкъ псори кӀыфӀынущ.
КӀыфӀыгъэ хэмылъу уипкъ псом нэхур щызмэ, уи пкъыр зэрыщыту нэху щытынущ, уэздыгъэ нэхум укъызэригъэнэхум хуэдэу.
АкъылыфӀагъэ яӀэ къафӀэщӀыжурэ, зэхэщӀыкӀ ямыӀэу къыщӀэкӀащ.
Ауэ а Ӏуэхухэр зымылэжь цӀыхур нэфщ, и напӀэ зэтепӀащ. А цӀыхум и гуэныхьхэр и гум Тхьэм зэрыригъэкъэбзыкӀыжар щыгъупщэжащ.
Абыхэм пагагъэ зыхэлъ псалъэхэмрэ пщӀэ зимыӀэ псалъэхэмрэ къыжаӀэурэ, гъуэгу пхэнжым гъуэщауэ тетхэм къаӀэщӀэкӀыжыну хуежьа цӀыхухэр дашэх. Ахэр зэрыдашэх щӀыкӀэр мыращ: цӀыхум и гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр ялэжьынэуи мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратынуи ягъэгушхуэ ахэр.
Фэ мыпхуэдэу жывоӀэ: «Дыбейщ, куэд диӀэ хъуащ, щыщӀагъэ зыри диӀэкъым». Гъуэгу мыгъуэ фытеувауэ, фытхьэмыщкӀэу, гущӀэгъу фхуэфащэу, фынэфу икӀи фыпцӀанэу фызэрыщытыр фщӀэркъым.