Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 11:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

34 Пкъым и уэздыгъэр нэращ. Аращи, уи нэр сэкъатыншэмэ, уипкъ псори нэхунущ. Уи нэр мыщӀагъуэмэ, уипкъ псори кӀыфӀынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

34 Ӏэпкълъэпкъым и уэздыгъэр цӀыхум и нитӀырщ. Нэр узыншэмэ, цӀыхум и Ӏэпкълъэпкъри зэрыщыту нэхукӀэ гъэнщӀауэ щытынущ. Нэр мыузыншэмэ, Ӏэпкълъэпкъыр кӀыфӀыгъэм зэщӀищтауэ щытынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 11:34
28 Iomraidhean Croise  

ЦӀыхухэу унэ щӀыхьэпӀэм деж щытахэм я нэр иращӀат, цӀыкӀуи ини, ахэр гугъу ехьащ, щӀыхьэпӀэр къахуэмыгъуэтурэ.


Аращи, «абыхэм я нэхэмкӀэ еплъ пэтми, зыри ялъагъунукъым, я тхьэкӀумэхэмкӀэ даӀуэ пэтми, зыри къагурыӀуэнукъым. Апхуэдэу щымытамэ, Тхьэм деж къагъэзэжынт, Тхьэм абыхэм я гуэныхьхэр яхуигъэгъунт».


нэпсеягъэр, бзаджагъэр, гъэпцӀагъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр, фыгъуэныр, цӀыхухэм яхуэпсэлъэныр, пагагъэр, делагъэр.


Нэ фиӀэрэ пэт, фымылъагъуу ара? ТхьэкӀумэ фиӀэрэ пэт, зэхэвмыхыу ара?


Аращи, нэхуу пхэлъыр кӀыфӀ зэрымыхъуным хуэсакъ.


Зиусхьэным и Ӏэр къыптелъщ иджы. Дыгъэм и нэхур умылъагъуу, пӀалъэ гуэркӀэ нэф ухъунущ. Асыхьэт дыдэм пшагъуэри кӀыфӀыгъэри Елимэ къыхуехащ. Ежьэри, къезышэкӀын гуэрым лъыхъуэу щӀидзащ итӀанэ.


Махуэ къэс зэакъылэгъуу, Тхьэм и унэшхуэм щызэхуэс зэпытт. Я унэхэми щӀакхъуэр щызэгуащӀыкӀырт, зэщыгуфӀыкӀрэ ягу зэхуэкъабзэу зэдэшхэрт.


Ахэр кӀыфӀыгъэм къыхэкӀыу, нэхугъэм зыкъыхуагъэзэн икӀи шейтӀаным и тепщэныгъэм къыщӀэкӀыу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зралъхьэн щхьэкӀэ, я нэхэр къэбгъэплъэжыну, абыхэм я деж узогъакӀуэ. СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ гуэныхьу ящӀар къахуэгъунущ итӀанэ икӀи Тхьэм и ӀэмыщӀэ зезылъхьа цӀыхухэм ӀыхьэфӀу къалъысынур абыхэми къалъысынущ».


Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым.


Ауэ блэжьым Хьэуа зи цӀэр хьилагъэкӀэ зэригъэпцӀам хуэдэу, фэри фи щхьэр зэӀигъыхьэу, Мэссихь щыпкъагъэу хувиӀэм фи щӀыбагъ хуэвгъэзэнкӀэ сошынэ.


ШейтӀану мы дунейм и тхьэм фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я гур нэф ищӀащ. Апхуэдэу щӀищӀар Тхьэм хуэдабзэу щыт Мэссихь и щӀыхьышхуэм теухуа хъыбарыфӀым и нэхуу абыхэм къатепсэр ямылъагъун щхьэкӀэщ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Тхьэуэ щӀыхьышхуэ зиӀэ Адэ лъапӀэм сызэрелъэӀур, фэ ар нэхъыфӀу фщӀэн щхьэкӀэ, езым и Псэ ЛъапӀэр фигу кърилъхьэныр арщ. Езым и Псэ ЛъапӀэр арщ акъылыфӀагъэ диӀэ зыщӀри Тхьэр зыхуэдэр къытхуэзыгъэнахуэри.


Фэ, унэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм фащышынэу, фигури къикӀэзызыкӀыу федаӀуэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ фызэредаӀуэм хуэдэу, абыхэми федаӀуэ.


УнэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм унафэ псомкӀи федаӀуэ. Абыхэм федаӀуэ, жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъым и мызакъуэу, атӀэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум зэрилъым щхьэкӀэ сыт щыгъуи фигурэ фи псэкӀэ фахуэлажьэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan