Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 11:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэ, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

26 Абы щыгъуэ ар макӀуэ, езым нэхърэ нэхъ бзаджэжу жин бзаджибл гъусэ ещӀри, цӀыхум и пкъым хохьэж. Апхуэдэ цӀыхум и иужьрей щытыкӀэр и япэрей щытыкӀэм нэхърэ нэхъыкӀэ мэхъу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 11:26
11 Iomraidhean Croise  

Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэри, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу. Аращ иджырей цӀыхухэм къащыщӀынур.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитӀхэ! Фэ щӀыми хыми къыщывокӀухь, фи диным зы цӀыху закъуэ къивгъэхьэн щхьэкӀэ. Ар къыщывэхъулӀэкӀэ, фэр нэхърэ тӀукӀэ нэхъ Ӏейуэ жыхьэнмэ бын ар фощӀ.


Абы деж къегъэзэжри, унэр пхъэнкӀауэ, зэлъыӀухауэ кърохьэлӀэж.


Хьисэ а псалъэхэр щиӀуатэм, цӀыхубэм ящыщ цӀыхубз гуэрым макъышхуэкӀэ жиӀащ: – Уэ узэрылъа ныбэри, узэфа быдзышэри махуэщ.


А лӀым Тхьэм и унэшхуэм щрихьэлӀэри, Хьисэ абы жриӀащ: – Мис, уэ ухъужащ. Нэхъей къыпщымыщӀын щхьэкӀэ, гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ дяпэкӀэ.


И къэушым ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь ищӀэу зылъагъур Тхьэм ирелъэӀу, Тхьэм а къуэшым гъащӀэ къритынущ – ажал къызыхэмыкӀ гуэныхь зыщӀар аращ жыхуэсӀэр. Ажал къызыхэкӀ гуэныхьри щыӀэщ. Апхуэдэ гуэныхьыр къыхуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм ирелъэӀу жысӀэркъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan