Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 11:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 Ауэ абы нэхърэ нэхъ цӀыху лъэщыж къытебанэрэ къытекӀуэмэ, ар зыщыгугъ Ӏэщэхэр трихынурэ, ахэр псори хигуэшыжынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

22 Ауэ езым нэхърэ нэхъ лъэщ къытеуэрэ къытекӀуэмэ, зыщыгугъа Ӏэщэр трихынурэ, къыӀэрыхьа мылъкур и цӀыхухэм яхуигуэшынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 11:22
14 Iomraidhean Croise  

Зэбииныгъэ игъащӀэкӀэ дэслъхьэнущ уэрэ цӀыхубзымрэ фякуми, уэ быну къыпщӀэхъуэнухэмрэ абы быну къыщӀэхъуэнухэмрэ якуми; абы къыщӀэхъуэнур уэ уи щхьэм къеуэнущ, уэри абы къыщӀэхъуэнум и лъэдакъэм уи шэрэзыр хэбукӀэнущ.


– ЛӀы лъэщ гуэрым, ӀэщэкӀэ фӀыуэ зэгъэпэщауэ, и унэр щихъумэжкӀэ, и мылъкумкӀэ шынагъуэ щыӀэкъым.


– Сэ си мыгъусэр си пэрыуэгъущ, си гъусэу зэхуэзымыхьэсым зэбгредз.


Тхьэм и Ӏэщэ-фащэ псомкӀи зыфгъэпс, шейтӀаным и гъэпцӀагъэ мурадхэм фапэувыжын щхьэкӀэ.


Аращи, Тхьэм и Ӏэщэ-фащэхэр къафщтэ, махуаер къыщыскӀэ, гъуэгум фыкъыщимыкӀуэтыжын икӀи псоми фатекӀуэу фи лъэ быдэкӀэ абы фытетын щхьэкӀэ.


Мэссихь жорым щыкӀэрылӀыхьам, жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэ жин бзаджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэхэр яӀихыжащ. Абыхэм зэратекӀуар ӀупщӀу къигъэлъагъуэурэ, я напэхэр трихащ.


Гуэныхь зыщӀэр шейтӀаным и бынщ, щӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ шейтӀаным гуэныхь ещӀэри. Тхьэм и Къуэр мы дунейм къыщӀэкӀуар шейтӀаным и Ӏуэхухэр игъэкӀуэдыну арщ.


Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, Тхьэм фрибынщ, бегъымбар нэпцӀхэми фатекӀуащ, фи гум илъ псэр мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъ псэм нэхърэ нэхъ инщи.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan