Лукас 11:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр2 – Тхьэм фелъэӀу щыхъукӀэ, мыпхуэдэу жыфӀэ, – яжриӀащ Хьисэ. – «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ! Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ. Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекӀуэ. Уэ узыхуейр, уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу. Faic an caibideilФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ2 Хьисэ къажриӀащ: – Тхьэ фыщелъэӀукӀэ, мыпхуэдэу жыфӀэ: «Ди Адэ, уи цӀэр цӀыхухэм ялъытэу ирехъу, Уи Тепщэныгъэр кърекӀуэ. Faic an caibideil |
Тахътэхэри а тахътэхэм тес адрей цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм тепщэныгъэ зрита цӀыхухэри слъэгъуащ итӀанэ. Хьисэ щыхьэт хуэхъуу, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу зэрыщытам щхьэкӀэ зи щхьэ паупщӀахэм я псэхэри слъэгъуащ. Хьэщхьэвылъэмрэ абы и сурэтымрэ ягъэлъэпӀэгъакъым абыхэм, я натӀэми я Ӏэхэми хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр традзэнуи ядэгъакъым. Ахэр къэхъужри, Мэссихь и гъусэу илъэс минкӀэ тепщэныгъэ яӀэ хъуащ.