Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 11:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зарефтынур фощӀэ. АтӀэ, абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэ яритынукъэ Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и Псэ ЛъапӀэм къелъэӀухэм?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

13 Аращи, фэ фызэрыбзаджэу фи бынхэм фӀы щахуэфщӀэфкӀэ, уафэр зи хэщӀапӀэ фи Адэ ЛъапӀэм и Псэр дауэ къахуримыгъэхынрэ Абы къелъэӀухэм?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 11:13
30 Iomraidhean Croise  

КъыщӀихьащ Зиусхьэным псэм фӀэфӀ мэ дахэр, икӀи жиӀащ Зиусхьэным игукӀэ: – ЦӀыхум и зэранкӀэ афӀэкӀа зэи щӀылъэм нэлат есхыжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и мурадхэр абы и ныбжьыщӀагъэм къыщыщӀэдзауэ Ӏейуэ щытщи; афӀэкӀа зэи псэ зыпыт згъэкӀуэдыжынукъым, Сэ зэ зэрысщӀыгъам хуэдэу.


ФӀым нэхъ бзаджагъэр уигу нэхъ ирохь, пэж пӀуэтэным нэхърэ пцӀыр уэ нэхъ къыбощтэ.


Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.


фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и бын фыхъун щхьэкӀэ. Абы и дыгъэр цӀыху бзаджэхэми цӀыхуфӀхэми къахукъуегъэкӀ, щыпкъагъэ зигу илъхэми имылъхэми уэшх къахурегъэшх.


– ЦӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀар щахуэвгъэгъукӀэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэри мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунущ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.


Губгъуэм нобэ щыгъагъэу пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэкӀэ фэ фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зимащӀэхэр?


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псорищ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. А псоми фэ фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ищӀэркъэ?


Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зэрефтынур фощӀэ. АтӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм елъэӀухэм фӀыгъуэ яхуищӀэнукъэ?


е джэдыкӀэ щхьэкӀэ къелъэӀумэ, акърэб иритыну?


– Тхьэм фелъэӀу щыхъукӀэ, мыпхуэдэу жыфӀэ, – яжриӀащ Хьисэ. – «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ! Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ. Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекӀуэ. Уэ узыхуейр, уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу.


Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну?


– Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэри «Псы тӀэкӀу сегъафэ» къыбжезыӀари уэ пщӀэуэ щытатэмэ, абы уелъэӀунт, абыи гъащӀэ къозытын псы уригъэфэнт, – жриӀэжащ Хьисэ цӀыхубзым.


– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ псоми зыдвгъэумэхъ, Тхьэм фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, – яжриӀащ Петр. – Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр фи гум кърилъхьэнущ итӀанэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀкӀэ лӀэныгъэм дунейм и цӀыхухэм тепщэныгъэ яхуиӀэ хъуащ. Ауэ абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэ цӀыху закъуэм, Хьисэ Мэссихь Ӏуэхуу ищӀам щхьэкӀэ цӀыхухэм тепщэныгъэ яӀэнущ. Сыту жыпӀэмэ, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм ину ящыхуэурэ, пщӀэ ямыту щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэм папщӀэ гъащӀэ щыпкъэр ягъуэтынурэ, тепщэныгъэ яӀэнущ.


Си гуэныхьыщӀэ щэныжьым сеплъмэ, си гум фӀыгъуэ зэримылъыр сощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀы сщӀэну сыхуейми, згъэзэщӀэну схузэфӀэкӀыркъым.


Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкӀэ къурмэныпхъэ зыщӀам фӀыгъуэ псори къыдитынукъэ и Къуэм дригъусэмэ?


ЗэхэщӀыкӀ димыӀэу, Тхьэм демыдаӀуэу дыпсэууэ щытащ дэри. Дыгъуэщауэ щытащ, ди гур зыщӀэхъуэпса Ӏуэху мыхъумыщӀэ куэдымрэ дызыгъатхъа Ӏуэху мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ драпщылӀащ. Бзаджагъэрэ фыгъуэныгъэкӀэ дыпсэууэ, гущыкӀыгъуэу, дызэрылъагъу мыхъуу щытащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan