Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 11:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Тхьэм щӀыпӀэ гуэрым щелъэӀурт Хьисэ. Тхьэм елъэӀуа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрым абы жриӀащ: – Зиусхьэн, цӀыхухэр зыумэхъ Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм Тхьэм узэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр зэраригъэщӀам хуэдэу, уэри дэ дыгъащӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

1 ЩӀыпӀэ гуэрым щыӀэу, Хьисэ тхьэ елъэӀурт. Щиухым, и гъэсэнхэм ящыщ зы къелъэӀуащ: – Зи щӀыхьыр ин, Яхья и гъэсэнхэм тхьэ елъэӀукӀэ зэраригъэщӀам хуэдэу дэри дыгъащӀэ, – жиӀэри.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 11:1
14 Iomraidhean Croise  

Зыщ нэхъ узыхуейр. Мэрием Ӏыхьэ нэхъыфӀыр къыхихащ, а ӀыхьэфӀыр абы Ӏахыжынукъым.


– Тхьэм фелъэӀу щыхъукӀэ, мыпхуэдэу жыфӀэ, – яжриӀащ Хьисэ. – «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ! Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ. Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекӀуэ. Уэ узыхуейр, уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу.


Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ Ӏуащхьэм дэкӀуеящ а махуэхэм. Тхьэм елъэӀуурэ, жэщ псор абы щигъэкӀуащ.


Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!


Иуан абыхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, Хьисэ деж игъэкӀуащ: – Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей? – жаӀэу еупщӀын щхьэкӀэ.


Махуэ гуэрым, щӀыпӀэ пхыдза гуэрым щыӀэу, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу Тхьэм елъэӀуа нэужь, абыхэм еупщӀащ: – ЦӀыхубэм сэ сыхэту жаӀэрэ?


А псалъэхэр жиӀа нэужь, махуий дэкӀауэ, Петр, Иуан, Екъуб сымэ зыщӀигъури, Тхьэм елъэӀуну Хьисэ бгым дэкӀащ.


Хьисэ дунейм щытета махуэхэм макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ, лӀэныгъэм къыӀэщӀэзыхыфыну Тхьэм и фӀэщу елъэӀуащ. ЗэредаӀуэм щхьэкӀэ абы и макъыр Тхьэм зэхихащ.


Ауэ фэ, фӀыуэ слъагъухэ, гурэ псэкӀэ нэхъ къару зыхуэвгъуэтыжу, фи фӀэщхъуныгъэ лъапӀэ дыдэм и щыпкъагъэм фызэрытетыным фыхущӀэкъу. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм фелъэӀу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan