Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 10:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 А унэм фыкъинэ, къыватыр фшхы икӀи ифф, лэжьакӀуэм и лэжьапщӀэр игъуэтыпхъэщи. Бысым хъуэж фщӀыурэ, зы унэм фикӀыу, адрей унэм фимыхьэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

7 Унэ фыздихьам фыщыхьэщӀэ, къыфхутрагъэувэр фшхы, фефэ, сыту жыпӀэмэ лэжьакӀуэм лэжьапщӀэ хуэфащэщ. Фыздыхьа жылэм фыдэтыху, унэ хъуэж фымыщӀ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 10:7
18 Iomraidhean Croise  

– Унэ гуэрым хьащӀэу феблагъэмэ, а щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, а унэм фис, – къыщӀигъужащ Хьисэ.


Гузэгъэгъуэ зыхуэфащэ цӀыху а унэм ису къыщӀэкӀмэ, Тхьэм гузэгъэгъуэр къритынущ. Имысмэ, гузэгъэгъуэм фи деж къигъэзэжынущ


Унэ гуэрым хьэщӀэу феблэгъамэ, а щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, а унэм фис.


Ари и унэм исхэри думэхъащ дэ. Арати, а цӀыхубзыр къыдэлъэӀуащ: – ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм сащыщу флъытэмэ, си унэм фынеблагъэ. Ар ди фӀэщ ищӀри, дригъэблэгъащ.


Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм ахэр езым и унэм щӀишэри, игъэшхэну Ӏэнэ къахуищтащ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ езыри и унагъуэри гуфӀащ.


Паулрэ Силэрэ лъэхъуэщым къыщӀэкӀыжри, Лидие и унэм кӀуащ. Абдежым къуэшхэм щахуэзэри, ахэр ягъэгушхуащ. Къалэм дэкӀыжащ итӀанэ.


Тхьэм и псалъэхэр зэзыгъащӀэр фӀыуэ иӀэ псоми щыщкӀэ езыгъащӀэм дрегуашэ.


Абы нэмыщӀуи, Ӏуэху ямыщӀэу, унэрыхьэ-унэрыкӀыу къакӀухь я хабзэщ. Ӏуэху зэрамыщӀэм и закъуэкъым, атӀэ Ӏуэрвэрхэу, я Ӏуэху зыхэмылъым я Ӏуэху халъхьэу, жамыӀэпхъэр яӀуатэ.


Ӏуэху гугъу зыщӀэ мэкъумэшыщӀэм гъавэу кърахьэлӀэжам щыщ и Ӏыхьэр япэ къратын хуейщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan