Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 10:35 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

35 И жыпым динаритӀ кърихщ, хьэщӀэщыр зейм иритри, абы етӀуанэ махуэм жиӀащ: «Уэ мы лӀым кӀэлъыплъи, сыт хуэдиз тебгъэкӀуадэми, къыщызгъэзэжкӀэ уэстыжынщ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

35 ЕтӀуанэ махуэм дыжьын ахъшэ жьгъеитӀ кърихщ, хьэщӀэщыр зейм иритри, жриӀащ: «Мы лӀым схукӀэлъыплъ, уэстам нэхърэ нэхъыбэ тебгъэкӀуадэмэ, къыщызгъэзэжкӀэ уэстыжынщ».

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 10:35
7 Iomraidhean Croise  

– А унэӀутыр щӀэкӀыжри, адрей унэӀутхэм ящыщу езым и динарищэ* щӀыхуэу зытелъым щыхуэзэм, «Си щӀыхуэр къызэтыж» жиӀэщ, къиубыдри итхьэлэу хуежьащ.


ЛэжьакӀуэхэр къыщигъуэтым, епсалъэщ, махуэм динар зырыз яритыну зэгурыӀуэри, и жызум хадэм игъэкӀуащ игъэлэжьэну.


бгъэдыхьащ абы, дагъэрэ санэкӀэ еӀэзэри, и уӀэгъэр ипхащ. ИтӀанэ лӀыр къиӀэтщ, езыр зытеса шыдым трилъхьэщ, хьэщӀэщ гуэрым щӀихьэри кӀэлъыплъащ.


– Иджы уэ дауэ узэрегупсысыр: а цӀыхуищым ящыщу хъунщӀакӀуэхэм яӀэщӀэхуа лӀым и гъунэгъум хуэдэу хэт хущытар? – къыщӀигъужащ Хьисэ.


Ауэ гухэхъуэ Ӏэнэ щытебгъэувэкӀэ, тхьэмыщкӀэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, лъашэхэр, нэфхэр къегъэблагъэ.


Гайуэ, сэ, Паул, си бысымми, члисэ зэхуэсым зэкӀэ ди бысымми фӀэхъус къывехыж. Къалэм и ахъшэр зи ӀэмыщӀэ илъ Ерастрэ ди къуэш Квартрэ фӀэхъус къывахыж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan