Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 10:28 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

28 – Пэжыр жыпӀащ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – А жыпӀар гъэзащӀи, мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

28 – Пэжу жыпӀащ, – жиӀащ Хьисэ. – Мис ахэр гъэзащӀи, гъащӀэ уахътыншэ бгъуэтынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 10:28
14 Iomraidhean Croise  

– ФӀымкӀэ щхьэ укъызэупщӀрэ? – жриӀащ Хьисэ а щӀалэм. – Тхьэм фӀэкӀа фӀы щыӀэкъым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыну ухуеймэ, Тхьэм и унафэхэр гъэзащӀэ.


Торэт егъэджакӀуэ пашэм губзыгъэу жэуап къызэритар щилъагъум, Хьисэ абы жриӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм ущӀыхьэным упэжыжьэкъым уэ. Абы щыщӀэдзауэ, Хьисэ нэгъуэщӀкӀэ еупщӀыжыну зыри тегушхуакъым.


– СызэригугъэмкӀэ, нэхъыбэ зыхуигъэгъуаращ, – жиӀащ Симон. – КъэпщӀащ, – жиӀащ Хьисэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм и гугъапӀэр Мэссихьщ икӀи Тхьэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми щыпкъагъэ иӀэу елъытэ.


Торэт хабзэм къыжиӀэр Торэт хабзэм тет цӀыхухэм зэражриӀэр дощӀэ. Апхуэдэу цӀыху псоми я жьэр яригъэубыда хъуащ икӀи дунейм тет цӀыху псори Тхьэм дежкӀэ къуаншэу къыщӀэкӀащ,


сэри лӀам хуэдэ сыхъуащ. Апхуэдэу, цӀыхухэм гъащӀэ ягъуэтын щхьэкӀэ, Тхьэм къытхуищӀа унафэм сигъэлӀащ.


Торэт хабзэм итхэр бгъэзэщӀэным и Ӏуэхур фӀэщхъуныгъэ уиӀэным и Ӏуэхум епхауэ щыткъым, ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэр абыкӀэ псэунущ».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan