Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 10:27 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

27 – «Уэ уигу псомкӀи, уи псэ псомкӀи, уи къару псомкӀи, уи зэхэщӀыкӀ псомкӀи Зиусхьэну уи Тхьэр фӀыуэ лъагъу икӀи уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», – жэуап къитыжащ адрейм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

27 – «Уи Тхьэу Зиусхьэныр гукӀи, псэкӀи, акъылкӀи, къарууэ уиӀэ псомкӀи фӀыуэ лъагъу». ИкӀи «Уи гъунэгъу цӀыхури фӀыуэ лъагъу, уи щхьэр зэрыплъагъум хуэдэу», – къитыжащ жэуап теурэт егъэджакӀуэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 10:27
15 Iomraidhean Croise  

уи адэмрэ уи анэмрэ пщӀэ яхуэщӀ, уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», – жиӀащ Хьисэ.


– Торэт хабзэм сыт итыр? – жриӀащ абы Хьисэ. – Дауэ абы укъызэреджэр?


«Зинэ умыщӀэ», «ЦӀыху умыукӀ», «Умыдыгъуэ», «НэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы тумылъхьэ», «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ» унафэхэмрэ адрей унафэ псомрэ къызэщӀэзубыдэр мыращ: «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу».


Си къуэшхэ, щхьэхуитыныгъэ фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Ауэ щхьэхуитыныгъэр фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏейр фщӀэнымкӀэ лъабжьэ иремыхъу. Зыр зым фӀылъагъуныгъэкӀэ ӀуэхутхьэбзащӀэ хурехъу.


А махуэхэм яужькӀэ сэрэ израил лъэпкъымрэ дяку дэслъхьэну зэгурыӀуэныгъэр мыращ: Си унафэхэр абыхэм я щхьэм ислъхьэнущ, ягуми истхэнущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри сэ си лъэпкъыу щытынущ, жеӀэ Зиусхьэным.


Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту, ди пащтыхьым и унафэу, «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», жыхуиӀэр вгъэпэжмэ, фӀы фощӀэ.


Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, псалъэмрэ бзэмрэ я закъуэкӀэ фӀыуэ дызэрылъагъукӀэ ирикъунукъым. ФӀы щӀэныгъэрэ пэжыгъэкӀэ фӀыуэ дызэрылъагъун хуейщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan