Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 10:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Ауэ къемэтмахуэм фэ гугъуехьу фшэчынум елъытауэ, Тиррэ Сидонрэ гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

14 Ауэ къемэтмахуэм Тиррэ Сидонрэ я Ӏуэхур нэхъ тынш хъунущ фи Ӏуэхум нэхърэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 10:14
10 Iomraidhean Croise  

Пэжыр нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, къалэхэу Содомрэ Ӏаморэрэ гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.


– Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! – жиӀащ абы. – Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ! Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж щызлэжьа Ӏуэху телъыджэхэр къалэхэу Тиррэ Сидонрэ щызлэжьатэмэ, щыгъуэ щыгъын куэд щӀауэ ящыгърэ я нэкӀухэр фӀамыщӀкӀэ зэщӀэцӀэлауэ я гуэныхьхэм яхущӀегъуэжынт.


Тхьэм цӀыхухэр щӀигъэкъуаншэр мыращ: Нэхур дунейм къытехьащ, ауэ цӀыхухэм нэхум нэхърэ кӀыфӀыгъэр нэхъыфӀу ялъэгъуащ, абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр бзаджагъэти.


Уэ хэт ущыщми, нэгъуэщӀ зыгуэр бгъэкъуаншэмэ, зызэрыбгъэхеижын зыри щыӀэкъым. Адрейр зэрыбгъэкъуаншэмкӀэ уэ зыбогъэкъуэншэж, адрейр зэрыбгъэкъуаншэ Ӏуэхухэр уэри уолэжьри.


Абы щыгъуэ сунэт ямыщӀа цӀыхуу Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэм уэ, сунэт ящӀар, уигъэкъуэншэнущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэу тхар уэ уи Ӏэм ӀэщӀэлъ икӀи сунэт уащӀа пэтми, Торэт хабзэм итхэм уатокӀри.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan