Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 10:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Абы и ужькӀэ Зиусхьэным цӀыху блыщӀ къыхихри, дэтхэнэ къалэу е дэтхэнэ щӀыпӀэу езыр здэкӀуэн хуейм мыкӀуэ щӀыкӀэ тӀурытӀу игъэкӀуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

1 Абы и ужькӀэ Зиусхьэным и Ӏумэтым итхэм цӀыху блыщӀ аргуэру къыхихри, езыр здэкӀуэну здигугъэ жылэхэм, щӀыпӀэхэм тӀурытӀурэ игъэкӀуащ, езым япэ иту.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 10:1
14 Iomraidhean Croise  

Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Иляс бегъымбарым игу зэрилъам хуэдэу, абыи игу илъу, Иляс лъэкӀыныгъэ зэриӀам хуэдэу лъэкӀыныгъэ иӀэу, Зиусхьэныр къэкӀуэн и пэкӀэ ар къэкӀуэнущ. Адэхэмрэ къуэхэмрэ ягухэр фӀы зэхуищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэри щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм я гъуэгу тригъэхьэнущ. Зиусхьэным хуэфащэ лъэпкъ хъун щхьэкӀэ, абы Израил лъэпкъыр игъэхьэзырынущ.


ИтӀанэ Зэчрей къыпищащ: «Уэ, си щӀалэ, Тхьэуэ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгу хуэбгъэпсыну езым и пэ къихуэу укӀуэнущи.


Зиусхьэным фызабэр щилъагъум, игу щӀэгъури жриӀащ: – Умыгъ, ди анэ!


Иуан абыхэм ящыщ цӀыхуитӀ къриджэри, Хьисэ деж игъэкӀуащ: – Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей? – жаӀэу еупщӀын щхьэкӀэ.


ЛӀыкӀуэхэр игъэкӀуащ япэ щӀыкӀэ. Ахэр кӀуэри, Самарие хэкум щыщу жылэ гуэрым дыхьащ, Хьисэ хэщӀапӀэ щыхуагъэхьэзырын щхьэкӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan