Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 1:76 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

76 ИтӀанэ Зэчрей къыпищащ: «Уэ, си щӀалэ, Тхьэуэ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгу хуэбгъэпсыну езым и пэ къихуэу укӀуэнущи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

76 Ауэ уэ, си щӀалэ, Я Нэхъ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгур хуэбгъэхьэзырыну, Абы япэ уиту цӀыхухэм уахыхьэнущи.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 1:76
22 Iomraidhean Croise  

Хьэдрыхэ кӀуэжхэм сахэлъытэ, гуащӀэ зимыӀэж цӀыху сыхъуащ.


Ирод Иуан иригъэукӀыну хуейт, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт, абыхэм Иуан бегъымбару ялъытэрти.


– «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыхухэм дащышынэн хуейщ, цӀыху псоми Иуан бегъымбару ялъытэри.


– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ.


Иуанщ Ешайа бегъымбарым мыр жиӀэу зытепсэлъыхьар: «Губгъуэ нэщӀым джэ макъ къыщоӀу: Зиусхьэным гъуэгур хуэвгъэпси, и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ».


– Хьэмэ «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жетӀэн? – Ахэр цӀыхухэм ящышынэрт; цӀыху псоми Иуан пэжу бегъымбару ялъытэрти.


Ар цӀыхушхуэ хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и КъуэкӀэ еджэнущ. И адэшхуэ Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм абы къритынущ.


– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыпхуехынущ, Тхьэуэ Лъагэм и лъэкӀыныгъэри уи гъусэнущ, – къыжриӀащ мелыӀычым абы. – Аращи, щӀалэ лъапӀэу къалъхунум Тхьэм и КъуэкӀэ еджэнущ.


Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи.


– Ешайа бегъымбарым «Зиусхьэным и гъуэгур занщӀэ фщӀы, жиӀэурэ губгъуэ нэщӀым джэ макъ гуэр къыщоӀу» жыхуиӀэ макъыр сэращ, – жиӀащ Иуан.


Аращ си ужькӀэ къэкӀуэнур. Ар сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.


– «Мэссихьыр сэракъым, ауэ Мэссихьым и пэ къихуэу Тхьэм сыкъигъэкӀуащ» зэрыжысӀамкӀэ фэ фызищыхьэтщ.


А хъыджэбзым, Паулрэ дэрэ ди ужь имыкӀыу, ину псалъэурэ жиӀэрт: – Мы лӀыхэр Тхьэуэ Лъагэм и лӀыкӀуэщ. Тхьэм фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлын гъуэгур абыхэм къывжаӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan