Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 1:67 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

67 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а сабийм и адэ Зэчрей игу кууэу хыхьэри, мы псалъэхэр къыжригъэӀащ:

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

67 Сабийм и адэм и гум Тхьэм и Псэр хыхьэри, мы псалъэхэр къыжиӀащ:

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 1:67
9 Iomraidhean Croise  

Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ ар цӀыхушхуэ хъунущ, санэрэ зыгъэудэфэн фадэрэ ефэнукъым икӀи и анэм и ныбэм щилъам щыщӀэдзауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьэнущ.


Елизавет Мэрием и фӀэхъус псалъэр щызэхихым, и ныбэм илъ сабийр хъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Елизавет игу куууэ хыхьэри,


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а псоми я гум хуабжьу хыхьэри, хамэбзэхэмкӀэ псалъэу щӀадзащ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэригъэпсэлъам хуэдэу.


Апхуэдэу щыщыткӀэ, дэ тщыщу дэтхэнэми и бзэкӀэ ахэр къэпсалъэу зэхихын зэрыхъуар дауэ?


Арати, Ананий а унэм кӀуэри щӀыхьащ. И Ӏэхэр Щаул и щхьэм трилъхьэри, жиӀащ: – Щаул, си къуэш, уэ мыбы укъыщыкӀуэм щыгъуэ Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгум къыщыпхуэхутам сыкъигъэкӀуащ, уэ уи нэхэр къэплъэжын икӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр уи гум кууэ хыхьэн щхьэкӀэ.


Бегъымбархэм я псалъэхэр езыр-езыру жаӀакъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм а псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэри къаригъэӀуэтащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan