Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 1:58 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

58 Елизавет Зиусхьэным гущӀэгъушхуэ къызэрыхуищӀар щызэхахым, абы и гъунэгъухэмрэ и благъэхэмрэ дэгуфӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

58 Зиусхьэным абы апхуэдэ фӀыгъуэшхуэ къызэрыхуищӀар щызэхахым, и гуфӀэгъуэр даӀыгъын папщӀэ, и гъунэгъухэмрэ и благъэхэмрэ къызэхуэсащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 1:58
12 Iomraidhean Croise  

Сэ, Уи унэӀутым нэфӀкӀэ укъызэплъащ икӀи ин дыдэщ Уэ си гъащӀэр къебгъэлкӀэрэ къысхуэпщӀа гущӀэгъур; ауэ сэ зыкъыщезгъэлыфынукъым бгыщхьэм, насыпыншагъэр къыслъэщӀэмыхьэу икӀи сымылӀэу.


ЖиӀащ абы щыгъуэ Сарэ: – Дыхьэшхэн къызищӀащ Тхьэм; си хъыбар хэт зэхихми, дыхьэшхынщ.


Дэракъым, Зиусхьэн, дэракъым щӀыхь зыхуэфащэр, щӀыхьыр уи цӀэм хуагъэфэщащ, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ уи щыпкъагъэмрэ папщӀэ.


Абы гуфӀэгъуэшхуэрэ насыпышхуэрэ къыпхудэкӀуэнущ, ар къызэралъхуам щхьэкӀэ цӀыху куэд гуфӀэнущ.


«Зиусхьэным мыр сэ къысхуищӀащ», жиӀащ абы. «Мы махуэхэм абы и нэфӀ къысщыхуэри, си мыгъуагъэр цӀыхухэм я пащхьэм щыстрихащ».


И лъхуэгъуэ махуэр къэсри, Елизавет къуэ къыхуэхъуащ.


Хьисэ и бысымым жриӀащ итӀанэ: – Уэ шэджагъуашхэ е пщыхьэщхьэшхэ щыпщӀкӀэ, уи ныбжьэгъухэри, уи къуэшхэри, уи благъэхэри, уи гъунэгъу бейхэри къыумыгъэблагъэ. Ахэр къебгъэблагъэмэ, яхуэпщӀар къыпхуащӀэжын папщӀэ урагъэблэгъэжынкӀэ хъунущ.


Аращи, пкъым щыщ пкъыгъуэ гуэр гугъу ехьмэ, ар пкъым щыщ пкъыгъуэ псоми дашэч. Апхуэдэу, пкъым щыщ пкъыгъуэ гуэрым пщӀэ игъуэтмэ, абы а пкъым щыщ пкъыгъуэ псори догуфӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan