53 ХуэмыщӀахэм тыгъэфӀхэр яритащ, ауэ бейхэр ӀэнэщӀу къигъэнащ.
53 ХуэмыщӀауэ псэухэм фӀыгъуэкӀэ яхуэупсащ, къулейхэр ӀэнэщӀу иутӀыпщыжащ.
Зиусхьэным щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ; пшынэ дыкъуакъуэкӀэ фыдежьу ди Тхьэм.
СигукӀи си псэкӀи жысӀэнщ: «Зиусхьэн! Хэт Уэ пхуэдэр – гуащӀаджэр лъэщым ӀэщӀэзыхыу, тхьэмыщкӀэмрэ зыри зимыӀэхэмрэ зыужьыгуахэм къаӀэщӀэзыхыжыр?»
Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм хуэзэшхэр икӀи хуэлӀэхэр, абыхэм яхурикъун щыпкъагъэ ягъуэтынущи.
Езым и пщылӀ Израил лъэпкъым кӀэлъоплъ. Ди адэшхуэхэр зэригъэгугъам тету, Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀа цӀыхухэмрэ гущӀэгъу яхуищӀыну игу илъ зэпытщ».
Фэ, иджы мэжэщӀалахэр, гъуэгу махуэ фытеуващ, зывгъэнщӀыжынущи. Фэ иджы пыхьэхэр, гъуэгу махуэ фытеуващ, фыгуфӀэжынущи.
– фэ, бейхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, фигухэр зыгъэзагъэ Ӏуэхугъуэхэр вгъуэтакӀэщи,
– ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэр сэращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Си деж къакӀуэр мэжэлӀэжынукъым, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым.
Си къуэшхэ, фэ, Тхьэм езым и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэр, фызэплъыж. Мы дунейм и цӀыхухэм акъылыфӀагъэ зиӀэу ялъытэхэри, тепщэныгъэ зиӀэхэри, унагъуэ бейхэм ящыщхэри куэду къыфхэткъым.
Фэ зывгъэнщӀащ, бей фыхъуащ. Дэ дывимыгъусэу пащтыхь фыхъуащ. Пащтыхь фыхъугъащэрэт ипэжыпӀэкӀэ, дэри дывигъусэу пащтыхь дыхъунт итӀанэ!