Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 1:48 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

48 и пщылӀ тхьэмыщкӀэм Зиусхьэныр нэфӀкӀэ къеплъащ. Мис, нобэ щыщӀэдзауэ лъэхъэнэ псоми я цӀыхухэм сэ гъуэгу махуэ сытеувауэ жаӀэнущ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

48 пщӀэ зимыӀэ сэ, и унэӀутым, гу къыслъитащи. Нобэ щыщӀэдзауэ къэхъуну щӀэблэ псоми сынасыпыфӀэу жаӀэнущ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 1:48
19 Iomraidhean Croise  

ЖиӀащ Леа: – Гъуэгу махуэ сытеуващ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ насыпыфӀэкӀэ къызэджэнущ сэ бзылъхугъэхэр. ИкӀи фӀищащ абы цӀэуэ Ащэр.


ФӀэлӀыкӀ хузиӀэхэм лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр Зиусхьэным яхуиӀэнущ игъащӀэкӀэ. Абы и щыпкъагъи къахуигъэнэнущ цӀыхум и къуэхэм я къуэжхэу,


СфӀэгъэщӀэгъуэн дыдэщ Уэ зэхэщӀыкӀыу къысхууиӀэр – куущ, сылъэӀэсын слъэкӀыркъым.


Ауэ Тхьэм и унэшхуэм сыщыщӀыхьэм, къызгурыӀуащ кӀэухыу яӀэнур.


Мэрием здэщыӀэм къакӀуэри, мелыӀычым жиӀащ: – ГуфӀэ уэ, Тхьэм и нэфӀ зыщыхуар. Зиусхьэныр уи гъусэщ.


Елизавет макъ лъагэкӀэ жиӀащ: – ЦӀыхубз псоми нэхърэ Тхьэм и нэфӀ уэ нэхъ къыпщыхуащ, уи пкъым къыхэкӀыну сабийми Тхьэм и нэфӀ къыщыхуащ.


Зиусхьэным къыжриӀар къехъулӀэнкӀэ зи фӀэщ хъуар гъуэгу махуэ теуващ!


сыту жыпӀэмэ ЛъэкӀыныгъэшхуэ ЗиӀэм Ӏуэху телъыджэхэр къысхуищӀащ. Абы и цӀэращ лъапӀэр.


Хьисэ а псалъэхэр щиӀуатэм, цӀыхубэм ящыщ цӀыхубз гуэрым макъышхуэкӀэ жиӀащ: – Уэ узэрылъа ныбэри, узэфа быдзышэри махуэщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan