Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 1:47 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

47 СымыкӀуэду сыкъезыгъэл Тхьэм ину сыщогуфӀыкӀ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

47 Си Тхьэу си КъегъэлакӀуэм щогуфӀыкӀыр си псэр,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 1:47
14 Iomraidhean Croise  

Уи унэм и мылъкукӀэ ахэр машхэ, Уи фӀыгъэм ипскӀэ абыхэм загъэнщӀ.


ФымыкӀуэду фыкъезыгъэлынур Даут и къалэм нобэ къыщалъхуащ, ар Зиусхьэну Мэссихьыр аращ.


Сэ сы-Паулщ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьу дызыщыгугъымрэ я унафэкӀэ Мэссихь и апостол сыхъуащ.


Ар фӀыщ икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм игъуэу елъытэ.


Сэ цӀыхухэм ялъэзгъэӀэс хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм и хъыбарыр игъуэ дыдэм нахуэ ищӀащ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм а хъыбарыфӀыр си пщэм къыдилъхьэри, цӀыхухэм ар яхуэсӀуэтэну унафэ къысхуищӀащ.


Абы нэмыщӀу, мыдыгъуэну икӀи я щыпкъагъэр сыт щыгъуи къагъэлъэгъуэну ягурыгъаӀуэ. Апхуэдэу хъумэ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм цӀыхухэм щӀыхь хурагъэщӀынущ абыхэм ялэжь ӀуэхухэмкӀэ.


Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.


Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу дэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэла Тхьэ закъуэм щӀыхьышхуэр, лъэщыгъуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, тепщэныгъэшхуэр ейщ лъэхъэнэ псоми япэми, иджыри, игъащӀэкӀи. Ӏэмин.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan