Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 1:42 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

42 Елизавет макъ лъагэкӀэ жиӀащ: – ЦӀыхубз псоми нэхърэ Тхьэм и нэфӀ уэ нэхъ къыпщыхуащ, уи пкъым къыхэкӀыну сабийми Тхьэм и нэфӀ къыщыхуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

42 Макъ лъагэкӀэ къэпсалъэри, Елисавэ жиӀащ: – ЦӀыхубз псоми я нэхъ лейуэ Тхьэр фӀыгъуэкӀэ къыпхуэупсащ! Къэплъхун хуей сабийм Тхьэм и нэфӀыр къыщыхуащ!

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 1:42
13 Iomraidhean Croise  

Уэ къыптехъукӀыну бынхэм я хьэтыркӀэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ, си псалъэм укъызэредэӀуам папщӀэ.


ахэр Уэ къоджати, псэууэ къэнэжащ; Уэ къыпщыгугъырти, щӀебгъэгъуэжакъым ахэр.


ДэркӀэ щхьэегъэзыпӀэщ, гуащӀэ къыдэзытыр Тхьэращ, гугъуехьхэр къытщӀэзэрыхьмэ, Ар гъэунэхуауэ ди дэӀэпыкъуэгъущ.


Мэрием здэщыӀэм къакӀуэри, мелыӀычым жиӀащ: – ГуфӀэ уэ, Тхьэм и нэфӀ зыщыхуар. Зиусхьэныр уи гъусэщ.


Елизавет Мэрием и фӀэхъус псалъэр щызэхихым, и ныбэм илъ сабийр хъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Елизавет игу куууэ хыхьэри,


Сэ сыхэт, си Зиусхьэным и анэр си деж къэкӀуэну?


и пщылӀ тхьэмыщкӀэм Зиусхьэныр нэфӀкӀэ къеплъащ. Мис, нобэ щыщӀэдзауэ лъэхъэнэ псоми я цӀыхухэм сэ гъуэгу махуэ сытеувауэ жаӀэнущ,


«Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэ пащтыхьым щӀыхьышхуэр ейщ! Уафэм мамырыгъэ щыӀэщ! Тхьэуэ Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ».


Ахэращ ди адэшхуэхэм къатехъукӀа цӀыхухэр. ЦӀыхум хуэдэу, езы Мэссихьи абыхэм я лъэпкъым щыщщ. Езыр арщ псоми нэхърэ нэхъ ину, мыкӀуэдыж щӀыхьышхуэр зиӀэ Тхьэр. Ӏэмин.


Хьисэ ди нэхэр тедвгъэгъэт. Аращ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дытезыгъэхьэу, пашэ къытхуэхъуу ди фӀэщхъуныгъэр нэгъэса зыщӀыр. И пащхьэм илъу щыта гуфӀэгъуэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм жорым зэрыраӀулӀам и гугъуехь ишэчащ, жорым и емыкӀуми еплъакъым ар, Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan