Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 1:36 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

36 Мис, уи благъэ Елизавету фызмылъхуэщ жыхуаӀэу щытар и жьыщхьэ лъэщыджэ хъуащ икӀи мазэ еханэм итщ;

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

36 Уи благъэ Елисавэ, сабий иӀэнукъым жыхуаӀэу щытари, и жьыщхьэ лъэщыджэ хъуауэ, мазэ еханэм итщ, щӀалэ цӀыкӀу поплъэ;

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 1:36
10 Iomraidhean Croise  

Сарай лъхугъэншэт икӀи сабииншэт.


Ауэ Сарай, Ибрам и фызыр, лъхуэртэкъым. Абы иӀэт унэӀут бзылъхугъэ Хьэджэр и цӀэу, Мысырым щыщу.


Ауэ Ибрэхьимрэ Сарэрэ жьы хъуат, я ныбжькӀэ хэтӀэсат; фызхэм яӀэн хуейуэ къадекӀуэкӀри Сарэ иӀэжтэкъым.


Сарэ уэндэгъу хъури, къыхуилъхуащ къуэ Ибрэхьим, ар жьы хъуами, Тхьэм абы къриухылӀауэ щыта пӀалъэм.


– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыпхуехынущ, Тхьэуэ Лъагэм и лъэкӀыныгъэри уи гъусэнущ, – къыжриӀащ мелыӀычым абы. – Аращи, щӀалэ лъапӀэу къалъхунум Тхьэм и КъуэкӀэ еджэнущ.


Тхьэм хузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым.


Иудей хэкум и пащтыхь Ирод и тетыгъуэм Зэчрей зи цӀэ дин пашэ гуэр щыӀащ. Ар АвиекӀэ зэджэ дин пашэ гупым яхэтт. И щхьэгъусэ Елизавет Хьэрун къытехъукӀахэм ящыщащ.


Сарэ сабий имыгъуэтыну и ныбжьыр блэкӀауэ щыта пэтми, фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, сабий игъуэтыну Тхьэм къару къритащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къэзыгъэгугъа Тхьэр зэрыщыпкъэр Сарэ ищӀэу щытащи.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan