Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 1:33 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

33 МыкӀуэдыжын тепщэныгъэ Екъуб и лъэпкъым хуиӀэнущ абы. И тепщэныгъэшхуэм зэи кӀэ иӀэнукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

33 Екъуб къытехъукӀа лъэпкъым я тепщэу игъащӀэкӀэ щытынущ, и тепщэныгъэми кӀэ иӀэнукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 1:33
28 Iomraidhean Croise  

Тхьэр абы и гупсэщ; щэнэуэнкъым а къалэр Нэхущыгъуэм Тхьэр абы дэӀэпыкъуэгъу хуэхъунущ.


Сабэ хъужыну, ибогъэгъэзэж Уэ цӀыхум, яжыбоӀэ: «Вгъэзэж, цӀыхухэм я къуэхэм!»


Даут и къуэмрэ Ибрэхьим и къуэмрэ къызыхэкӀа лъэпкъым щыщ Хьисэ Мэссихь и хъыбарщ мыр.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.


– Ар дауэ зэрыхъунур? – еупщӀащ Мэрием мэлэӀычым. – Сэ сыхъыджэбздэсщ.


Тхьэм и псалъэхэр имыгъэпэжауэ аркъым абы къикӀыр. Израил лъэпкъым щыщ псори аракъым израил цӀыху пэжу щытхэр.


Мэссихь фызэрейм щхьэкӀэ Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фащыщщ. Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀа цӀыхухэмрэ къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀхэр фэри къыфлъысынущ абы щыгъуэ.


Мы унафэм тет цӀыху псоми Тхьэм и израил цӀыхухэми Тхьэм гузэгъэгъуэ къарырет, гущӀэгъуи къахурещӀ.


Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.


И Къуэм теухуауэ Тхьэм мыпхуэдэу жиӀащ: «Уэ, Тхьэ, уи тепщэныгъэшхуэ тахътэм игъащӀэкӀэ утесынущ. Уи тепщэныгъэшхуэм и башыр захуагъэрщ.


Ебланэ мелыӀычыр и бжьамиишхуэм епщащ итӀанэ. Уафэм макъышхуэхэр къиӀукӀащ абы щыгъуэ: «Ди Зиусхьэнрэ езым и Мэссихьрэ мы дунейм тепщэныгъэшхуэ хуаӀэ хъуащ. Тхьэр арщ тепщэныгъэшхуэр игъащӀэкӀэ зиӀэнур».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan