Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 1:32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

32 Ар цӀыхушхуэ хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и КъуэкӀэ еджэнущ. И адэшхуэ Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм абы къритынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

32 Ар цӀыху щэджащэ хъунущ, Я Нэхъ Лъагэм и КъуэкӀэ еджэнущ Абы. И адэжь Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм къритынущ Абы.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 1:32
39 Iomraidhean Croise  

Даут и къуэмрэ Ибрэхьим и къуэмрэ къызыхэкӀа лъэпкъым щыщ Хьисэ Мэссихь и хъыбарщ мыр.


Абы ещхьу ипщэ къэралым щыщ пащтыхь цӀыхубзыр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ, икӀи ахэр къигъэкъуэншэнущ. А пащтыхь цӀыхубзыр Сэлмэн пащтыхьым и акъылыфӀагъэм едэӀуэн щхьэкӀэ щӀылъэм и гъунэ дыдэм къикӀри, къэкӀуащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Сэлмэн пащтыхьым нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.


– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ.


Хьисэ, зиущэхуауэ, зыри жиӀэртэкъым. – Уэра Мэссихьу щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэм и Къуэр? – аргуэру еупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.


МакъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ: – Тхьэ нэхъ Лъагэм и Къуэ Хьисэ сыт уи Ӏуэхуу къысхэлъыр? Тхьэм и цӀэкӀэ сынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!


Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ ар цӀыхушхуэ хъунущ, санэрэ зыгъэудэфэн фадэрэ ефэнукъым икӀи и анэм и ныбэм щилъам щыщӀэдзауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьэнущ.


– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыпхуехынущ, Тхьэуэ Лъагэм и лъэкӀыныгъэри уи гъусэнущ, – къыжриӀащ мелыӀычым абы. – Аращи, щӀалэ лъапӀэу къалъхунум Тхьэм и КъуэкӀэ еджэнущ.


ИтӀанэ Зэчрей къыпищащ: «Уэ, си щӀалэ, Тхьэуэ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгу хуэбгъэпсыну езым и пэ къихуэу укӀуэнущи.


– Сэ псымкӀэ фызоумэхъ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, – яжриӀащ Иуан псоми. – Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фэ фиумэхъынущ.


Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, абыхэм фӀы яхуэфщӀэ, къыфхуащӀэжынкӀэ фащымыгугъыу щӀыхуэ ефт. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэм къыфхуигъэфэщэну ӀыхьэфӀыр ин хъунущ, Тхьэуэ Лъагэм и бынуи фыщытынущ; фӀыр зыхуэдэр зыгурымыӀуэ цӀыхухэми, цӀыху бзаджэхэми Тхьэр фӀыуэ яхущытщи.


– Мэссихь игъащӀэкӀэ зэрыщыӀэнур Торэт хабзэм дигъэщӀащ, – къыжраӀащ цӀыхухэм. – ЦӀыхухэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къызэраӀэтынур жыбоӀэ, ар дауэ зэрыхъунур? ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу жыхуэпӀэр хэт?


ГъащӀэ щыпкъэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэ Мэссихьу узэрыщытыр дощӀэ, ди фӀэщ хъуащ.


А хъыджэбзым, Паулрэ дэрэ ди ужь имыкӀыу, ину псалъэурэ жиӀэрт: – Мы лӀыхэр Тхьэуэ Лъагэм и лӀыкӀуэщ. Тхьэм фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлын гъуэгур абыхэм къывжаӀэ.


Даут бегъымбару щытащ, абы ищӀэрт езым къытехъукӀыну цӀыхухэм ящыщу Мэссихьыр езы Даут и пащтыхь тахътэм тригъэтӀысхьэну Тхьэм псалъэ быдэкӀэ къызэригъэгугъар.


– Аращи, Израил цӀыху псоми мыр быдэу зэвгъащӀэ: фэ жорым ефӀулӀа Хьисэ Тхьэм Зиусхьэн икӀи Мэссихь ищӀащ.


– Ауэ цӀыхухэм я унэ ӀэрыщӀым щӀэскъым Тхьэуэ Лъагэр. Зиусхьэным къызэрыжиӀэр бегъымбарым и тхылъым зэритым хуэдэущ:


Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар Тхьэм зэри-Къуэр лъэщыгъэкӀэ къигъэнэхуащ. Аращ Хьисэ Мэссихьу дэ ди Зиусхьэныр.


Филаделфие къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: ЛъапӀэу икӀи пэжу щыту, Даут и ӀункӀыбзэр зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ. Абы зэӀуихыр зыми игъэбыдэфыркъым, игъэбыдари зыми зэӀуихыфыркъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan