31 Уэ лъэщыджэ ухъунурэ къуэ къэплъхунущ. Абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ.
31 Уэ лъэщыджэ ухъунурэ къуэ бгъуэтынущ, уэ Абы фӀэпщынур Хьисэщ.
Мэрием къуэ къыхуэхъунущ икӀи абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ,* абы и лъэпкъым я гуэныхьхэр ящхьэщихынурэ, мыкӀуэду къригъэлынущи.
«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».
Ауэ ар къишэн ипэ, Мэрием и япэ къуэр къилъхуащ. Исуф абы цӀэуэ фӀищар Хьисэщ.
МелыӀычым абы къыжриӀащ: – Умышынэ, Зэчрей. Уи лъэӀур Тхьэм зэхихащ. Уи щхьэгъусэ Елизавет къуэ къыпхуилъхунущ, абы цӀэуэ Иуан фӀэпщынущ.
Ар къызыхуигъэкӀуар Мэрием зи цӀэ хъыджэбз гуэрщ. Исуф зи цӀэу Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщ лӀым а Мэрием къишэну къыхихауэ щытащ.
Махуий дэкӀыу сабийр сунэт ящӀын хуей щыхъум, Мэрием лъэщыджэ хъун и пэкӀэ мелыӀычым къызэрыжриӀэгъам тету цӀэуэ Хьисэ фӀащащ абы.
– Езы Даут Мэссихьым «Си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и Къуэу дауэ зэрубжынур?
Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ.