30 – Умышынэ, Мэрием, – къыжриӀащ мелыӀычым абы, – Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуащ.
30 – Умышынэ, Мэрям, – жиӀащ абы, – Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуащ.
Ауэ Зиусхьэныр нэфӀкӀэ къеплъащ Нухь.
Хьисэ абыхэм къажриӀащ а сыхьэтым: – Фымыдзыхэ, сэращ ар, фымышынэ!
– Фымышынэ! – яжриӀащ мелыӀычым цӀыхубзхэм. – Жорым ираӀулӀа Хьисэ фызэрылъыхъуэр сощӀэ.
МелыӀычым абы къыжриӀащ: – Умышынэ, Зэчрей. Уи лъэӀур Тхьэм зэхихащ. Уи щхьэгъусэ Елизавет къуэ къыпхуилъхунущ, абы цӀэуэ Иуан фӀэпщынущ.
– Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи.
къызжиӀащ: «Умышынэ, Паул! Кесарым и пащхьэм уиувэн хуейщ. Кхъухьым къыбдис псори, Тхьэм и нэфӀ уи хьэтыркӀэ къащыхуэнурэ, мыкӀуэду къелынущ».
А псом яужкӀэ, иджыри сыт жытӀэнур? Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкӀынур?
Аращи, гушхуэныгъэкӀэ жыдоӀэ: «Зиусхьэныр си дэӀэпыкъуэгъущи, зыми сыщышынэнукъым. ЦӀыхухэм сыт къызащӀэфынур?»