Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 1:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 Зэчрей Тхьэм и унэшхуэм къыщыщӀэкӀыжым, цӀыхухэм епсэлъэн хузэфӀэкӀакъым. Тхьэм и унэшхуэм зыгуэр абы къызэрыщыхуэлъэгъуар къагурыӀуащ цӀыхухэм. Зыхуейр ӀэпэтэрмэшкӀэ къагуригъаӀуэу, Зэчрей бзагуэ хъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

22 Ар Тхьэм и Унэм къыщӀэкӀыжащ, ауэ цӀыхухэм епсэлъэфакъым. ИтӀанэ къагурыӀуащ Тхьэм и Унэм абы телъыджэ гуэр зэрыщилъэгъуар. Зэчрей псэлъэжыфыртэкъым, ӀэпэтэрмэшкӀэ цӀыхухэм зыгуэр яригъэлъагъу фӀэкӀа.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 1:22
8 Iomraidhean Croise  

Зэчрей Тхьэм и унэшхуэм къызэрыщӀэмыкӀыжыр ягъэщӀагъуэу, цӀыхухэр абы пэплъащ апщӀондэху.


Тхьэм и унэшхуэм Ӏуэху щищӀэн щыхуей махуэхэр блэкӀа нэужь, Зэчрей и унэм игъэзэжащ.


Сабийм и адэм ӀэпэтэрмэшкӀэ еупщӀащ абы цӀэуэ фӀищыну зыхуеймкӀэ.


Симон Петр Хьисэ къыбгъэдэсым Ӏэ хуищӀащ, Хьисэ жыхуиӀамкӀэ иригъэупщӀыну.


Заущэхуну Петр Ӏэ яхуищӀри, Зиусхьэным лъэхъуэщым къызэрыщӀишыжар абыхэм яхуиӀуэтащ. ИтӀанэ жиӀащ: – Екъуби адрей къуэшхэми къэхъуар евгъащӀэ. Ар жиӀэщ, а унэм къыщӀэкӀыжри, нэгъуэщӀ щӀыпӀэ гуэрым кӀуащ.


Журтхэм Александр зи цӀэр цӀыху гупышхуэм къыхрагъэшри, цӀыхухэм я пащхьэм ирагъэуващ. Александр и Ӏэр къиӀэтри, цӀыхухэм я пащхьэм къыщыпсэлъэну хуеящ.


Дзэпщым хуит къыщищӀым, Паул дэкӀуеипӀэм теувэри, и Ӏэр цӀыхухэм яхуищӀащ. Псори сабыр щыхъум, Паул журтыбзэкӀэ мыпхуэдэу жиӀащ:


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan