Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 1:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 – Тхьэм и пащхьэм ит ДжэбрэӀил мелыӀычыр сэращ, – къыжриӀащ мелыӀычым. – Мы хъыбарыфӀыр ныбжесӀэн щхьэкӀэ, сынопсэлъэну Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

19 – Тхьэм и пащхьэ ит ДжэбрэӀилыр сэращ, а хъыбарыфӀыр къыпхузигъэхьащ Тхьэм, – жиӀащ мелыӀычым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 1:19
8 Iomraidhean Croise  

– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.


Аращи, си псалъэхэр уи фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀэ, а бжесӀа Ӏуэхухэр къэхъуху, умыпсэлъэфу, бзагуэу ущытынущ. ПӀалъэр къыщыскӀэ, ахэр къэхъун хуейщ.


Елизавет мазихкӀэ лъэщыджауэ, Тхьэм и мелыӀыч ДжэбрэӀил Галилей хэкум щыщ Назарет къалэм къигъэкӀуащ.


Ауэ мелыӀычым къажриӀащ: – Фымышынэ, ауэ фыкъэдаӀуэ! Фи лъэпкъ псом щхьэкӀэ хъыбар гуфӀэгъуэшхуэ къыфхуэсӀуэтэнущ:


Сыт щыгъуи фысакъ икӀи къэхъуну псоми фахэкӀын щхьэкӀэ, къару къэвгъуэтурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пащхьэм фызэриувэфынкӀэ Тхьэм фелъэӀу зэпыт.


Аращи, уафэм дэкӀуеижауэ, Тхьэм и Къуэ Хьисэ дин пашэшхуэу диӀэщи, дэ диӀэ фӀэщхъуныгъэм дытету щыпкъагъэкӀэ дривгъакӀуэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan