Лукас 1:17 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр17 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Иляс бегъымбарым игу зэрилъам хуэдэу, абыи игу илъу, Иляс лъэкӀыныгъэ зэриӀам хуэдэу лъэкӀыныгъэ иӀэу, Зиусхьэныр къэкӀуэн и пэкӀэ ар къэкӀуэнущ. Адэхэмрэ къуэхэмрэ ягухэр фӀы зэхуищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэри щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм я гъуэгу тригъэхьэнущ. Зиусхьэным хуэфащэ лъэпкъ хъун щхьэкӀэ, абы Израил лъэпкъыр игъэхьэзырынущ. Faic an caibideilФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ17 Тхьэм и Псэр Иляс бегъымбарым и гум илъу зэрыщытам хуэдэу, абыи и гум илъу икӀи Иляс иӀа лъэкӀыныгъэр иӀэу Зиусхьэным ипэ къихуэу цӀыхухэм къахыхьэнущ ар. Адэхэмрэ бынхэмрэ зэфӀ ищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэр цӀыху щыпкъэхэм я гъуэгум тришэнущ, израил лъэпкъыр Зиусхьэным и къэкӀуэгъуэм хуигъэхьэзырынущ. Faic an caibideil |
Тахътэхэри а тахътэхэм тес адрей цӀыхухэм хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм тепщэныгъэ зрита цӀыхухэри слъэгъуащ итӀанэ. Хьисэ щыхьэт хуэхъуу, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр ирагъэдаӀуэу зэрыщытам щхьэкӀэ зи щхьэ паупщӀахэм я псэхэри слъэгъуащ. Хьэщхьэвылъэмрэ абы и сурэтымрэ ягъэлъэпӀэгъакъым абыхэм, я натӀэми я Ӏэхэми хьэщхьэвылъэм и дамыгъэр традзэнуи ядэгъакъым. Ахэр къэхъужри, Мэссихь и гъусэу илъэс минкӀэ тепщэныгъэ яӀэ хъуащ.