Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 1:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 МелыӀычым абы къыжриӀащ: – Умышынэ, Зэчрей. Уи лъэӀур Тхьэм зэхихащ. Уи щхьэгъусэ Елизавет къуэ къыпхуилъхунущ, абы цӀэуэ Иуан фӀэпщынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

13 Ауэ мелыӀычым къыжриӀащ: – Умышынэ, Зэчрей. Уи лъэӀур Тхьэм зэхихащ. Уи щхьэгъусэ Елисавэ къуэ къыпхуилъхунущ, уэ абы фӀэпщынур Яхьящ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 1:13
27 Iomraidhean Croise  

Мыращ Сэри, фэри, иужькӀэ къыптехъукӀынухэми ди зэхуакум дэлъ зэгурыӀуэныгъэу гъэзэщӀэн хуейр: Фэ къыфхэт цӀыхухъу псори сунэт фщӀын хуейщ.


Ауэ Тхьэм жиӀащ: – Сарэ, уи фызым, къыпхуилъхунущ къуэ, икӀи фӀэпщынущ абы цӀэуэ Исхьэкъ; мыкӀуэдыжын зэгурыӀуэныгъэ абыи абы иужькӀэ къытехъукӀынухэми ди зэхуакум дэслъхьэнущ Сэ.


ЩыӀэ Зиусхьэным хузэфӀэмыкӀын? Зэман хэхам деж Сэ сыщыӀэнущ уи деж илъэс къакӀуэ, Сари къуэ иӀэнущ.


Зиусхьэным елъэӀурт Исхьэкъ езым и фызым папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар лъхуэртэкъым; Зиусхьэным зэхихащ ар, арати, хъуащ лъэщыджэ Ребеккэ, абы и фызыр.


Дэракъым, Зиусхьэн, дэракъым щӀыхь зыхуэфащэр, щӀыхьыр уи цӀэм хуагъэфэщащ, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ уи щыпкъагъэмрэ папщӀэ.


Уогий Уэ укӀытэ зимыӀэхэм, гыбзэ зытелъхэм, уи унафэхэм текӀхэм.


Мэрием къуэ къыхуэхъунущ икӀи абы цӀэуэ фӀэпщынур Хьисэщ,* абы и лъэпкъым я гуэныхьхэр ящхьэщихынурэ, мыкӀуэду къригъэлынущи.


Хьисэ абыхэм къажриӀащ а сыхьэтым: – Фымыдзыхэ, сэращ ар, фымышынэ!


– Фымышынэ! – яжриӀащ мелыӀычым цӀыхубзхэм. – Жорым ираӀулӀа Хьисэ фызэрылъыхъуэр сощӀэ.


– Фымыгузавэ, – къажриӀащ щӀалэм абыхэм. – Назарет щыщ Хьисэу жорым ираӀулӀам фызэрылъыхъуэр сощӀэ. Ар мыбдежым щыӀэжкъым. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ! Мыращ зыщӀалъхьэжауэ щыта щӀыпӀэр.


Абы гуфӀэгъуэшхуэрэ насыпышхуэрэ къыпхудэкӀуэнущ, ар къызэралъхуам щхьэкӀэ цӀыху куэд гуфӀэнущ.


– Умышынэ, Мэрием, – къыжриӀащ мелыӀычым абы, – Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуащ.


Махуий дэкӀыу сабийр сунэт ящӀын хуей щыхъум, Мэрием лъэщыджэ хъун и пэкӀэ мелыӀычым къызэрыжриӀэгъам тету цӀэуэ Хьисэ фӀащащ абы.


жиӀащ: «Корнелий, Тхьэм уи тхьэлъэӀур зэхихащ, уи псапэ тыхьхэри щымыгъупщауэ и гум илъщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan