2 И гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ къеупщӀащ: – Равви, мы лӀыр нэфу къалъхун щӀэхъуар хэт зи лажьэр, езыра хьэмэ и адэ-анэра?
– ЦӀыхухэр зыумэхъ у-Иуану жаӀэ языныкъуэхэм, – жаӀащ абыхэм. – У-Иляс бегъымбару жаӀэ нэгъуэщӀхэми. У-Иеремие бегъымбару е бегъымбархэм уащыщ гуэру жызыӀи щыӀэщ.
ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри «дин егъэджакӀуэкӀэ» зрагъэджэнри ящӀасэщ.
– Ауэ фэ «дин егъэджакӀуэкӀэ» зэвмыгъаджэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дин егъэджакӀуэу фиӀэ закъуэр Мэссихьщ икӀи фэ псори фызэкъуэшщ.
Хьисэ деж къэкӀуахэм яжриӀащ: – Ахэр апхуэдэу зэрыкӀуэдам щхьэкӀэ, Галилей щыщ адрей цӀыху псоми нэхърэ ахэр нэхъ гуэныхьыщӀэу фи гугъэ?
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къелъэӀуащ: – Равви, шхэ.
Хьисэ зэхэзекӀуэурэ, къызэралъхурэ нэф лӀы гуэр ирихьэлӀащ.
– Уэ гуэныхьыщӀэ зэфэзэщу укъалъхуащ, – жэуап къратащ абыхэм. – Уэ дэ дыбгъэсэжыну ара? Синэгуэгум къыщӀахужащ ар итӀанэ.
Блэр Паул и Ӏэм кӀэрылэлу щалъагъум, хытӀыгум щыпсэухэм жаӀащ: – Мыр лӀыукӀ гуэру къыщӀэкӀынущ; сыту жыпӀэмэ хым псэууэ къыхэкӀыжами, Тхьэм и щыпкъагъэм ар псэуну хуит ищӀыркъым.