Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 9:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Хьисэ зэхэзекӀуэурэ, къызэралъхурэ нэф лӀы гуэр ирихьэлӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 9:1
12 Iomraidhean Croise  

ЛӀы нэфитӀ гъуэгу напщӀэм тест. Хьисэ зэрыблэкӀыр щызэхахым, макъышхуэкӀэ къаджэу щӀадзащ абыхэм: – Зиусхьэну Даут и Къуэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!


А щӀыпӀэм къыщикӀыжым, Хьисэ и ужь лӀы нэфитӀ къиувауэ къыкӀэлъыджэрт: – Даут и Къуэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ!


– Сыт лъандэрэ щыт мыр мыпхуэдэу? – еупщӀащ Хьисэ щӀалэм и адэм. – ЗэрыцӀыкӀу лъандэрэ, – жиӀащ щӀалэм и адэм.


А цӀыхухэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы щӀэкӀыурэ куэдрэ игъэгуӀэрт. Мылъкуу иӀа псори дохутырхэм ятригъэкӀуэдат, ауэ зыми игъэхъужын хузэфӀэкӀатэкъым.


Илъэс щэщӀрэ икӀэ сымаджэу щыта лӀы гуэр сымаджэхэм яхэлът.


Ар щыжиӀэм, Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, мывэ къащтащ. Ауэ ямылъагъуу къахэкӀри, Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэкӀыжащ Хьисэ.


И гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ къеупщӀащ: – Равви, мы лӀыр нэфу къалъхун щӀэхъуар хэт зи лажьэр, езыра хьэмэ и адэ-анэра?


Листрэ къалэм лӀы ныкъуэдыкъуэ гуэр дэсащ. Абы и лъакъуэхэр къыщӀэувэртэкъым, къызэралъхурэ, игъащӀэм земыкӀуауэ абдежым щыст.


Блэр Паул и Ӏэм кӀэрылэлу щалъагъум, хытӀыгум щыпсэухэм жаӀащ: – Мыр лӀыукӀ гуэру къыщӀэкӀынущ; сыту жыпӀэмэ хым псэууэ къыхэкӀыжами, Тхьэм и щыпкъагъэм ар псэуну хуит ищӀыркъым.


Мы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀэ апостолхэм ягъэхъужа лӀым и ныбжьыр илъэс плӀыщӀым щӀигъуат.


Еней зи цӀэ лӀы гуэрым щыӀущӀащ абы. Илъэсий хъуауэ пкъыуэ хъуауэ, пӀэм хэлът ар.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan