3 Арати, и къуэшхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Уэ блэжь Ӏуэху телъыджэхэр уи гъуэгу ирикӀуэхэм ялъагъун щхьэкӀэ, мыбы икӀи, Иудей хэкум кӀуэ.
ДыкӀуэнщи, иджы дукӀынщ ар, иддзэнщ ар псыр зэрыгъукӀа мащэ гуэрми, жытӀэнщ хьэкӀэкхъуэкӀэ бзаджэм ишхауэ; итӀанэ деплъынщ абы и пщӀыхьхэм къикӀым.
А псалъэхэр цӀыху гупышхуэм щажриӀэм, Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ къепсэлъэну хуейуэ къэкӀуауэ пщӀантӀэм дэтт.
Хьисэ къызэригъэзэжар и унэкъуэшхэм щызэхахым, «Абы зищӀэжыркъым», жаӀэри, къашэжыну дэкӀащ.
Абы ирихьэлӀэу, Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ къэкӀуащ. ПщӀантӀэм ахэр здыдэтым, Хьисэ ирагъэджащ.
Хьисэ и анэмрэ и къуэшхэмрэ езым деж къэкӀуащ, ауэ цӀыхур Ӏувти, къыбгъэдыхьэфакъым.
Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ хъыбар кърагъэщӀащ: – Уи анэмрэ уи къуэшхэмрэ укъалъагъуну хуейуэ пщӀантӀэм дэтщ, – жаӀэри.
Хьиси абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а хьэгъуэлӀыгъуэм ирагъэблэгъауэ щытащ.
Хьисэ и псалъэр щызэхахым, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэдым жаӀащ: – Мыбы жиӀэр сыту псалъэ гугъу! Хэт абы едэӀуэфынур?
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэд и гъуэгу текӀыжри, и гъусэн ядэжакъым абы къыщыщӀэдзауэ.
Хьисэ и къуэшхэр а махуэшхуэхэм хэтыну кӀуа нэужь, Хьисэи якӀэлъыкӀуащ, ауэ цӀыхухэм ямыщӀэу, къамылъагъуущ зэрыкӀуар.
ЦӀыхухэм закъезыгъэщӀэну хуейм Ӏуэху щэху илэжьыркъым. Мы телъыджэхэр пхузэфӀэкӀыр пэжмэ, дунейм и цӀыхухэм закъегъэлъагъу.
Ар къыщӀыжраӀар езым и къуэш дыдэхэми ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэтэкъыми, арщ.
Адрей апостол пщыкӀузым я гъусэу къэтэджщ, и макъым зригъэӀэтри, Петр псалъэу щӀидзащ: – Фэ, си къуэш журтхэмрэ Ерусалим дэсхэмрэ, мыр зэвгъащӀэ, мы къыжысӀэм федаӀуэ.