Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 7:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Хьисэ Галилей хэкур къызэхикӀухьащ абы и ужькӀэ. ЯукӀыну и ужь журтхэр къитти, Хьисэ Иудей хэкур къызэхикӀухьыну хуейтэкъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 7:1
19 Iomraidhean Croise  

Зы къалэм гугъуехь щывагъэшэчмэ, нэгъуэщӀ къалэ фыкӀуэ. Пэжыр нывжызоӀэ, Израил къэралым и къалэхэр къэфкӀухьын фымыухыурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуэжынущи.


– ЖызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зым адрейм жриӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».


Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ жиӀар щызэхахым, ар зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ яригъащӀэу щыта Ӏуэхухэр цӀыху куэдым яфӀэтелъыджэти, дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ щышынэрт.


Иуан Хьисэ щыхьэт зэрытехъуар мыращ; Ерусалим щыщ журтхэм дин пашэхэри левитхэри Иуан еупщӀыну ягъэкӀуащ. – Уэ ухэт? – жаӀэу щеупщӀым,


А хъыбарыр щызэхихым, Иудей хэкум икӀри, Галилей хэкум кӀуэжащ Хьисэ.


Иудейм къикӀыжу Галилейм къыщыкӀуам, етӀуанэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэу Хьисэ къигъэлъэгъуар аращ.


Галилей гуэлым (Тивериадэ гуэлыр арщ) Хьисэ кхъуафэжьеймкӀэ зэпрыкӀащ абы и ужькӀэ.


А махуэшхуэхэм хэт журтхэр Хьисэ лъыхъуэрт, «А лӀыр дэнэ щыӀэ?» жаӀэурэ.


Ауэ журтхэм щышынэрти, Хьисэ теухуауэ цӀыхухэм я пащхьэм зыми зыри щыжиӀэртэкъым.


Мусэ бегъымбарым Торэт хабзэр къыфхуигъэнакъэ? Апхуэдэу щытми, Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэ цӀыху къыфхэткъым. СывукӀыну си ужь фыщӀитыр сыт?


Ерусалим щыщ цӀыхухэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ абы щыгъуэ: – Мыракъэ яукӀыну зи ужь итыр?


– Дэ ар къэдгъуэтын тлъэмыкӀыну дэнэ кӀуэн и гугъэ? – жаӀащ журтхэм. – Алыджхэм яхэгуэшауэ псэу ди лъэпкъэгъуэхэм я деж кӀуэуэ, абыхэм Ӏуэхухэр яригъэщӀэну пӀэрэ?


Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фазэрыщыщыр сощӀэ, ауэ си псалъэхэр фигу илъкъыми, сывукӀыну си ужь фитщ.


– Ауэ сывукӀыну си ужь фитщ иджы. Тхьэм жиӀэу зэхэсха щыпкъагъэр нывжесӀа пэтрэ, сывукӀыну си ужь фитщ. Ибрэхьим апхуэдэ ищӀэртэкъым.


Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan