Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 6:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Хьисэ Ӏуащхьэм дэкӀащ, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу абдежым щетӀысэхащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 6:3
7 Iomraidhean Croise  

ЦӀыхухэр иутӀыпщыжа нэужь, Тхьэм елъэӀуну Ӏуащхьэм и закъуэ дэкӀуеящ. Пщыхьэщхьэр щыхъуам, ар и закъуэу абдеж къытенащ.


Абы и ужкӀэ, а щӀыпӀэм икӀыжщ, Галилей гуэлым Ӏухьэщ, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ абдежым щытӀысащ.


ЦӀыху гупышхуэхэр щилъагъум, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ етӀысэхащ. ЩетӀысэхым, и гъуэгу ирикӀуэхэр абы къыбгъэдыхьащ.


Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ езыр зыхуейхэр къыщриджэм, ахэр къэкӀуащ.


А псалъэхэр жиӀа нэужь, махуий дэкӀауэ, Петр, Иуан, Екъуб сымэ зыщӀигъури, Тхьэм елъэӀуну Хьисэ бгым дэкӀащ.


Ауэ цӀыхухэр къакӀуэу, езыр яубыду, лӀыгъэкӀэ пащтыхь ящӀыну ягу зэрилъыр ищӀэрти, ӀукӀыжри, Ӏуащхьэм и закъуэу дэкӀуеижащ Хьисэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan