Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 6:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Сымаджэхэр игъэхъужурэ, Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр зэралъэгъуам щхьэкӀэ цӀыху гупышхуэ абы и ужь иту кӀуэрт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 6:2
19 Iomraidhean Croise  

Абыхэм я мурадыр къыщищӀэм, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀыжащ. Хьисэ и ужь цӀыху куэд иуващ, икӀи абыхэм яхэт сымаджэ псори игъэхъужащ.


Абы деж къыщызэхуэса цӀыхухэр апхуэдизкӀэ куэд хъурти, езыр кхъуафэжьейм итӀысхьащ. ЦӀыху гупышхуэр псы Ӏуфэм Ӏутт.


Хьисэ кхъуэфэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, игу ящӀэгъури, сымаджэу яхэтыр игъэхъужащ.


Ӏуащхьэм къыщехыжым, Хьисэ и ужь цӀыху гупышхуэ куэд итт.


Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.


Ахэр кхъуафэжьейм ису зэрыӀукӀыр ялъагъуащ цӀыхухэм, куэдми къацӀыхужащ. Къалэ псоми дэс цӀыхухэр лъэсу къыдэжщ, Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ кхъуафэжьейкӀэ здэкӀуэ щӀыпӀэм нэмыс щӀыкӀэ, езыхэр нэсри щызэхуэсащ.


Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ къэхъуар щызэхахым, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр зэхуашэсащ: – Сыт тщӀэнур? – чэнджэщащ ахэр. – Мы лӀым нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэд къегъэлъагъуэ.


А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр къызэригъэлъэгъуар цӀыху куэдым зэхахати, Хьисэ пежьэну дэкӀащ.


Абыхэм я пащхьэм апхуэдиз нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр Хьисэ къыщигъэлъэгъуа пэтми, итӀани абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуакъым.


Хьисэ и нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм ящыщу япэрейр аращ. А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм щигъэлъэгъуащ. И щӀыхьышхуэр къигъэнэхуащ апхуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэри нэхъ быдэ хъуащ.


ӀутӀыж махуэшхуэм Ерусалим щыщыӀэм, Хьисэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къигъэлъэгъуахэр я нэгу щӀэкӀати, цӀыху куэдым абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Мы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм нэмыщӀ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я пащхьэм мы тхылъым имыт нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэди къыщигъэлъэгъуащ.


Хьисэ деж жэщу къакӀуэри, абы къыжриӀащ: – Равви, уэ Тхьэм къыбгъэдэкӀа дин егъэджакӀуэу узэрыщытыр дощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр имыгъусэмэ, уэ къэбгъэлъагъуэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэн зыми лъэкӀынукъым.


Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр щалъагъум, цӀыхухэм жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, дунейм къэкӀуэн хуей бегъымбарыр мыращ.


Гуэлым и адрыщӀкӀэ щыт цӀыху гупышхуэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр зэрытӀысхьэгъа кхъуафэжьейм фӀэкӀ нэгъуэщӀ кхъуэфэжьей абы зэрыӀумытам гу лъатащ етӀуанэ махуэм. Хьисэ игъуэгу ирикӀуэхэм а кхъуафэжьейм яди-мытӀысхьауэ, я закъуэу ахэр зэрыӀукӀами гу лъатащ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр зэрыфлъэгъуам щхьэкӀэкъым фыкъыщӀыслъыхъуэр, атӀэ щӀакхъуэхэм щыщ фшхыри, зывгъэнщӀащи аращ.


– Сыт хуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ ди нэгу щӀэбгъэкӀын, ар ди нэкӀэ тлъагъуу, уэркӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъун щхьэкӀэ? Сыт пщӀэнур? – къыжраӀащ абыхэм.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan