Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 5:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Сымаджэ куэд щылът абдежым: нэфи, лъаши, пкъыуэ хъуаи. Ахэр псым зыкъигъэхъеиным пэплъэрт,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 5:3
12 Iomraidhean Croise  

Ӏэшэ, лъашэ, нэф, дэгу, нэгъуэщӀ узыфэ зиӀэхэр къыздашэурэ, цӀыху гупышхуэ Хьисэ деж къакӀуэри, сымаджэхэр абы и пащхьэм къралъхьащ. И пащхьэм къыщралъхьэм, Хьисэ ахэр игъэхъужащ.


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.


– Вгъэзэжи, – яжриӀащ Хьисэ лӀыкӀуэхэм, – флъэгъуамрэ зэхэфхамрэ Иуан хуэфӀуэтэж: Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зыпкърытхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.


Мэл Куэбжэ зи цӀэм деж псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэ, журтыбзэкӀэ ВифездэкӀэ еджэу, Ерусалим щыӀэщ. Щхьэ зытелъ сэхитху а зыгъэпскӀыпӀэм иӀэщ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и мелыӀычыр а зыгъэпскӀыпӀэм зэзэмызэ къехырти, псыр игъэщэнауэрт. Псыр щэнэуа нэужь, абы япэу хыхьар, сыт хуэдэ узыфэ иӀэми, хъужырт.


Ауэ дэ ди нэкӀэ дымылъагъум дыщогугъри, шыӀэныгъэ диӀэу дыпоплъэ.


Аращи, си къуэшхэ, Зиусхьэныр къэкӀуэжыху, шыӀэныгъэ зивгъэӀэ. МэкъумэшыщӀэм щӀым хиса жылэ лъапӀэр къэкӀыу гъавэ хъуху зэрыпэплъэм феплъ. Ипэрей уэшхри иужьрей уэшхри къешхыху, шыӀэныгъэ иӀэу поплъэ ар.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan