2 Мэл Куэбжэ зи цӀэм деж псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэ, журтыбзэкӀэ ВифездэкӀэ еджэу, Ерусалим щыӀэщ. Щхьэ зытелъ сэхитху а зыгъэпскӀыпӀэм иӀэщ.
А псалъэхэр щызэхихым, Хьисэ къыщӀишри, Пилат хеящӀэ тӀысыпӀэм тетӀысхьащ. А тӀысыпӀэр здэщыӀэ щӀыпӀэм и цӀэр Лифостротонщ, журтыбзэкӀэ Гаввафэщ.
Хьисэ, и жорыр ихьурэ, къалэм дэкӀри, «Щхьэ къупщхьэ» жыхуаӀэ щӀыпӀэм кӀуащ. А щӀыпӀэм журтыбзэкӀэ Голгофэщ зэреджэр.
Хьисэ жорым щраӀулӀа щӀыпӀэр къалэм и гъунэгъути, журтхэм ящыщу а тхыгъэм еджар куэд хъурт.
– Мэрием, – жиӀащ Хьисэ. Ар щызэхихым, Мэрием зэплъэкӀри, журтыбзэкӀэ жиӀащ: – Раввуни! (Раввуним къикӀыр «Дин ЕгъэджакӀуэ» жиӀэу аращ.)
Сымаджэ куэд щылът абдежым: нэфи, лъаши, пкъыуэ хъуаи. Ахэр псым зыкъигъэхъеиным пэплъэрт,
– Зы Ӏуэху телъыджэ закъуэ щэбэт махуэм зэрысщӀар фэ псоми фогъэщӀагъуэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Дзэпщым хуит къыщищӀым, Паул дэкӀуеипӀэм теувэри, и Ӏэр цӀыхухэм яхуищӀащ. Псори сабыр щыхъум, Паул журтыбзэкӀэ мыпхуэдэу жиӀащ:
ЖуртыбзэкӀэ Армагеддон зи цӀэ щӀыпӀэм а жин бзаджэхэм пащтыхьхэр щызэхуашэсащ итӀанэ.
Абыхэм пащтыхьу яӀар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм и мелыӀычыр арщ. Абы и цӀэр журтыбзэкӀэ Аваддонщ, алыджыбзэкӀэ Аполлионщ.