8 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм шхын къащэхуну къалэм кӀуат абы щыгъуэ.
– Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Дэ щӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ фӀэкӀа диӀэкъым, – жаӀащ абыхэм, – дыщимыӀэкӀэ мы цӀыху псоми шхын къахуэтщэхун щхьэкӀэ, дежьэн?
Хьиси абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а хьэгъуэлӀыгъуэм ирагъэблэгъауэ щытащ.
Абы хэту, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къэсыжащ. Хьисэ цӀыхубз гуэрым епсалъэу щалъагъум ягъэщӀэгъуащ, арщхьэкӀэ абыхэм ящыщ зыми зыри жиӀакъым: «Сыт къыпыпхынур?» е «Сыт ущӀепсалъэр?» жиӀэу.
А къалэм дэс самарие цӀыху куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, а цӀыхубзыр Хьисэ щыхьэт къытехъуэурэ, «Сэ сщӀа псори къызжиӀащ» зэрыжиӀам щхьэкӀэ.
КӀуэурэ, Самарие хэкум щыщ Сихар къалэм нэсащ; а къалэр Екъуб езым и къуэ Исуф иритыгъа щӀыгу Ӏыхьэм пэгъунэгъут.
Хьисэ псыкъуийм деж щысу, самарие цӀыхубз гуэр псыхьэ къэкӀуащ. Псы тӀэкӀу сегъафэ, – жриӀащ Хьисэ.