Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 4:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 А щӀыпӀэм Екъуб и псыкъуийр итт. Гъуэгум иригъэшати, псыкъуийм деж щетӀысэхащ Хьисэ. Сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт ар.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 4:6
12 Iomraidhean Croise  

Шэджагъуэм къыщыщӀэдзауэ сыхьэтыр щым нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ.


Махуэ плӀыщӀрэ жэщ плӀыщӀрэ нэщӀа нэужь, Хьисэ къэмэжэлӀащ.


НапӀэзыпӀэм гуэлым борэнышхуэ къыщыхъейри, толъкъунхэр кхъуафэжьейм къиуэу щӀидзащ. Ауэ Хьисэ жейрт.


Арати, Мэрием и къуэу и щыпэлъху быныр къилъхуащ икӀи хъыданым кӀуэцӀищыхьащ. Абыхэм хьэщӀэщым пэш нэщӀ зэрыщамыгъуэтам къыхэкӀкӀэ, Ӏуэм ит шхалъэм сабийр дилъхьащ.


– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ.


– Махуэр сыхьэт пщыкӀутӀкъэ зэрыхъур? – жиӀащ Хьисэ. – Махуэм зекӀуэр лъэпэрапэркъым, мы дунейм и нэхур елъагъури.


Ди адэшхуэ Екъубщ мы псыкъуийр къытхуэзыгъэнар. Езыри и къуэхэри мы псым щыщ ефэу, и былымхэри иригъафэу щытащ. Абы нэхърэ унэхъыщхьэ уэ?


КӀуэурэ, Самарие хэкум щыщ Сихар къалэм нэсащ; а къалэр Екъуб езым и къуэ Исуф иритыгъа щӀыгу Ӏыхьэм пэгъунэгъут.


Хьисэ псыкъуийм деж щысу, самарие цӀыхубз гуэр псыхьэ къэкӀуащ. Псы тӀэкӀу сегъафэ, – жриӀащ Хьисэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.


Аращи, Тхьэм хуэлажьэ дин пашэшхуэ, гущӀэгъу зиӀэ, Тхьэм хуэпэж хъун щхьэкӀэ, и къуэшхэм сыт ищӀысымкӀи яхуэдэ хъун хуеящ, цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятрихын щхьэкӀэ.


Дин пашэшхуэу диӀэр лъэкӀыныгъэ зэрыдимыӀэр къызыгурыӀуэн зылъэмыкӀ дин пашэшхуэкъым. ШейтӀаным гуэныхь дигъэщӀэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъэукӀи гуэныхь иригъэщӀэну хэтащ ар, ауэ гуэныхь иригъэщӀэн хущӀэфӀэкӀакъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan