Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Иуан 4:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 А хъыбарыр щызэхихым, Иудей хэкум икӀри, Галилей хэкум кӀуэжащ Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Иуан 4:3
11 Iomraidhean Croise  

Зы къалэм гугъуехь щывагъэшэчмэ, нэгъуэщӀ къалэ фыкӀуэ. Пэжыр нывжызоӀэ, Израил къэралым и къалэхэр къэфкӀухьын фымыухыурэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуэжынущи.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр щӀыгъуу а щӀыпӀэм икӀыжри, Галилей гуэлым кӀуащ. Галилей хэкум щыщ цӀыху куэд Хьисэ и ужь иуващ.


Хьисэ Ерусалим кӀуэуэ, Самарие, Галилей хэкухэм кӀуэцӀрыкӀырт.


Хьисэ Галилей хэкум кӀуэну триубыдащ етӀуанэ махуэм. Хьисэ Филипп хуэзри, жриӀащ итӀанэ: – Си ужь къиувэ.


Абы и ужькӀэ Хьисэ Иорданыпсым аргуэру зэпрыкӀыжщ, Иуан цӀыхухэр щиумэхъыу щыта щӀыпӀэм кӀуэри, абы къыщынащ.


Абы къыхэкӀкӀэ цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ журтхэм къахыхьэжакъым, а щӀыпӀэм икӀыжщ, губгъуэ нэщӀ лъэныкъуэмкӀэ ит Ефраим жылэм кӀуэри, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу а жылэм къыдэнащ.


Хьисэ и нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм ящыщу япэрейр аращ. А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм щигъэлъэгъуащ. И щӀыхьышхуэр къигъэнэхуащ апхуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэри нэхъ быдэ хъуащ.


Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Иудей хэкум кӀуащ абы и ужькӀэ. Абыхэм я гъусэу Хьисэ а щӀыпӀэм щыӀэурэ, цӀыхухэр иумэхъырт.


Илъэгъуахэмрэ зэхихахэмрэ щыхьэт ятохъуэ ар, ауэ и щыхьэтыгъэр зыми идэркъым.


Хьисэ Иудейм къикӀыу, Галилейм къызэрыкӀуар а Ӏэтащхьэм щызэхихым, абы деж къэкӀуащ. – КъакӀуи, си къуэ сымаджэу лӀэн гъунэгъу хъуар схуэгъэхъуж, – жиӀэри къелъэӀуащ.


Хьисэ Галилей хэкур къызэхикӀухьащ абы и ужькӀэ. ЯукӀыну и ужь журтхэр къитти, Хьисэ Иудей хэкур къызэхикӀухьыну хуейтэкъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan